Исбухьэн е Испаниэ (исп-бз. España; ицӀэдыдэр псоуэ исп-бз. Reino de España — Исбухьэн Пэштыхьей) — къэрал Еуропэм ипшъэ-къуэхьапӀэм деж. Переней хы тӀыгуныкъуэм инэхъыбэр еубыд. Къэралым ицӀэр финикий бзэм къытокӀыр "и-шпаним" - "тхьакӀумэкӀыхьхэм яӀуфэ". Къалэ нэхъышъхьар Мадрид

Исбухьэн Пэштыхьей
Reino de España
Дэмыгъэ Исбухьэным
Исбухьэным и нып Исбухьэным и дэмыгъэ

Кординатхэр: 39°55′36″ с. ш. 1°48′06″ з. д. / 39.926667° с. ш. 1.801667° з. д. (G)

Гоуидзэр: «Plus Ultra (лат-бз. "зэфӀэкӀым нэхъыбэ")»
Къэрал уэрэд: «Marcha Real» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1469 гъэм (езым и уния)
1515 гъэм (пэщтыхьей)
Нэхъышъхьэбзэхэр Эспаныбзэ [1]
Къалэ нэхъышъхьэр Мадрид
Къалэ нэхъ инхэр Мадрид, Барселона, Валенсиэ
ӀэнатӀэ хабзэр Конституциэ Пэщтыхьей
[Исбухьэным и Пщы|Пщы]]
Хасэм и Тхьэмадэ
Филипп VI
Мариано Рахой
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
50-нэ дунем
504 782 км²
1,04
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2018)
Ӏувагъыр

47 007 367 цӀыху
91,92 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$1,622 трлн.[2]  (9-нэ)
$35 557[2]
Этнохоронимыр эспан, эспанхэр
Сомыр (Валутэр) Еуро (€) (EUR, кодыр 978) [3]
Интернет-доменхэр .es [4]
Телефон кодыр +34
Зэманыгъуэхэр +1, гъэмахуэм +2
  1. Араныбзэ, Баскыбзэ, Каталаныбзэ, Галисийбзэ — Куейхэм я бзэхэ
  2. 2.0 2.1 Международный валютный фонд (апрель 2008)
  3. 1999 нэгъунэ — Эспан песетат.
  4. Также .eu, Еуропэ зэгуэтым зэрхэтым щхьэ.

Къэралгъунэр зэрыкӀуэр:

  1. Португалым Переней хы тӀыгуныкъуэм икъуэхьапӀэм;
  2. Британиэшхуэм и шӀыпӀу Гибрэлтарым Переней хы тӀыгуныкъуэм ипшъэм
  3. Мэроккэм Африкэм ишъхъэрэм ( аутэном къалу Сеутэрэ Мелилиэрэ )
  4. Фрэнджымрэ Андоррэмрэ ишъхъэрэмкӀэ

Исбухьэным къуэхьапӀэмрэ ипшъэ лъэныкъуэм Атлантикэ Ӏуфэм Ӏохьа, ишъхъэрэ къуэкӀыпӀэмрэ Хы Средиземнэм Ӏохьа.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Иджырей цӀыхухэр Переней хы тӀыгуныкъэм щытӀысхьар 35 мин илъэскӀэ узэӀабэкӀыжьмэ. Абдэжьым куэду къыздагъуэтыр палеолитым иӀэщъагъэ бжыгъэ - нывэм тет тхыгъэхэр ( Алтэмир бгъуэнкӀагъымрэ пэмыкӀхэмрэ ). Баск лъэпӀкъыр япэдыду Еуропэм къыхьа джылэхэм къатекӀауэ гупшысыгъэ щыӀахэ Мылыр дунем текӀыжьа нэужы. 1200 илъэскӀэ ди эрэм ипэм Перенейм иӀуфэм финикийхэр къытӀысхьан кӀадзэ. БыдапӀэ Гадес яшъыр ( иджырей къалэ Кадис ). Финикийхэмрэ алыджхэмрэ ятхыдэ тхылъ Ӏэмэ къэна а шӀыпӀэм ис лъэпӀкхэм тепсэлъыхьу, иберкӀэ псори зэджу, културэшхуэ яӀу ауэ лъэпӀкъ цӀыкӀу зэбгырыкӀахэу, зыуэ зэрмыӀыгъу. 500 - 300 илъэсишъэхэм ди эрэм ипэм келтхэр къохьари иберхэм къахотӀысхьа, яужкӀэ зы лъэпӀкъ - келтибер мэхъухэ. 300 - 200 илъэсишъэхэм ди эрэм ипэм Ромэ къэралым Ибериэр еубыдын кӀедзэ, ар щыухыр Аугуст пщыр щыщэӀам.

  • 200 илъэсишъэм ди эрэм чыристэн диныр къохьа.
  • 500 илъэсишъэхэм ди эрэм Вестготхэр къохьа, яубыдри къэрал яшъыр.
  • 711-718 Исбухьэным ишӀыр зэрщыту хьарыпхэм яубыд. Омейяд лъэпӀкъыр Кордовэм къыдонэри къэралыр яӀыгъ. Чыристэн хэкухэр ( Кастилиэ, Арагон, Леон ), зэпамыуду зауэ ирагъэкӀуэкӀыт ( Реконкистэ ), хьарыпхэм яӀэнатӀэр зышъэщахыным шъхьакӀэ.
  • 1492 гъ. Арэгонымрэ Кастилиэмрэ зэроубыдри хьарып-маврхэм языбыдапӀэ къэнэжьа Гранадэр къаштэжь. А гъэ дыдэми Исбухьэным икхъухьхэр Хэку КӀэхэм ирегъажьэри шӀыпӀэ бжыгъэхэр еубыд...
  • 1516 - 1556 гъэхэи Исбухьэныр Ромэ Империэм иӀаташъхьу мэув, дунейм икъэрал нэхъ ин мэхъу, Католик чылисэм доӀапыкъу Реформациэ екӀуэкӀым пэщытыну.
  • 1588 гъ. Исбухьэным ей Кхъухьыдзэшхуэр хокӀуадэ.
  • 1607 гъ. Инджылызыр зауэм токӀэри инидерлэнд хэкухэр хокӀыр
  • 1609 гъ. Еуропэм иӀа ӀанатӀэр мэкӀуэд
  • 1812-1826 гъэхэм Латин Америкэм хэку иӀахэм янэхъыбэр хуит мэхъу, 1900 гъэхэм къэнэжьахэр АШЗ иэ Джэрмэным хохьахэ

Куейхэр зэгъэзэхуэжын

Исбухьэным 50 хэку иӀа, 17 аутэном къэралхэм яхэту. Абы пэмыкӀыу къалитӀ аутэномну (ciudades autónomas) Африкэм иӀа - Сеутарэ Мелилиэрэ.

Къалэ нэхъ инхэмрэ джылу дэсхэмрэ зэгъэзэхуэжын

Джылэр зэгъэзэхуэжын

 

ГъэхэмкӀэ джылу дэсым зэрзэрихъуэкӀар:

  • 1900 гъ. - 18, 6 милыуан;
  • 1932 гъ. - 24, 1 милыуан;
  • 1959 гъ. - 29, 9 милыуан;
  • 1977 гъ. - 36, 3 милыуан;
  • 1996 гъ. - 39, 6 милыуан;
  • 2004 гъ. - 40, 28 милыуан;
  • 2006 гъ. - 45, 13 милыуан;
  • 2008 гъ. - 46, 06 милыуан;
  • 2009 гъ. - 46, 66 милыуан.

Къалэм дэсхэр - 76 % мэхъу. Джылэм дэсу иӀувагъыр - 79,7 чел./км².

Къэралым иӀаташъхьэ бзэр - кэстилскэ; аутэном хэкухэм кэстилскэм хуэду пэмыкӀы бзэи щыӀа ( каталон-валенсий-балеар бзэхэр Каталоным, Валенсиэм, Балеар хы тӀыгухэм, баск бзэр Баск Къэралымрэ Наваррэмрэ, галисийр Галисиэм, араныр Каталоным )

95 % диным пылъ кэтолику. ПэмыкӀы къэралхэм ису Ипшъэ Ишъхъэрэ Америкэхэмрэ ( 1, 7 милыуан ) КъуэхьапӀэ Еуропэмрэ ( 1 милыуаным фӀэкӀыу ) 2,7 милыуан эспан сымэ дэсхэ.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын