Валенсиэ
Валенсиэ (исп-бз. Valencia) — Исбухьэнм и аутоном лъэпкъыгъуэ, къэралым и кумрэ и ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэт. И къалэ нэхъышъхьэр икӀи и къалэ нэхъ ину щытыр Валенсиэ. Хэкур провинциэ щыкӀэ гуэча: Аликантэ, Валенсиэ, Кастейон джоуэ, аищыри я кӀуэцӀым куей 34-кӀэ зэхокӀыжьхэ.
Валенсиэ Valencia | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Исбухьэн |
Статус | Автоном лъэпкъыгъуэ |
Хиубыдэр | Провинциэхэр: Аликантэ Валенсиэ Кастейон |
Къалэнэхъышъхьэ | Валенсиэ |
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр | Аликанте Кастейон Торровиехъа Элчэ |
Нэхъышъхьэбзэр | Исбухьэныбзэ, валенсиэбзэ |
Джылэр (2008) |
5,029,601 млн (4-рей пӀэ) |
Инагъыр | 23,255 км² (8-рей пӀэ) |
ЛъэгапӀэр хуэлъытэгъуэкӀэ - ЛъэгапӀэ нэхъ индыдэр |
Калдерон 1,839 м |
Кодыр ISO 3166-2 | ES-V |
Официал сайтыр |
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынШӀыпӀэм пэсыреуэ иса лъэпкъыр иберийху щытахэ, гуп-гупурэ зэшъхьэщыкӀху: ишъхъэрэ лъэныкъуэм — contestanos-хэр, икум исахэр — edetanos-хэр, ишъхъэрэ лъэныкъуэм — ilercavones-хэр. Иберийхэм хымкӀэ щэхуэн Ӏохугъуэхэм пылъхэт алыджхэм, финикийхэм, карфагенхэм.
Хьэрыпхэм я ӀэнатӀэр Валенсиэ Лъэпкъыгъуэм щыхэхьэр VIII—XIII лъэхъэнэхэм, XI лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэр къуаджэ-къуаджу зэхэтт, къалэшхуэ Ӏэмэ имыӀу.
Иджырей Валенсиэр къэрал хуэду щызэфӀэувар XIII лъэхъэнэм Пэштыхьей Валенсиэ къыщыхэкӀам. Арагоным и Хайме I-м чыристэныдзэ мыслымэнхэм пигъувэну къэралым къыречэ, и дзэм хэтхэр Арагонымрэ Каталониэмрэ щыщ. 1208 гъэм Валенси Пэштыхьей къыхокӀыр къэрал хуит хуэду.
1707 гъэм пэштыхь Филипе V-м Валенсиэ Пэштыхьейр еубыд.
Иджырей Исбухьэнм хуитыныгъэ иӀэным пылъын щыкӀидзэр Валенсиэ Хэкур 1936 гъэм, ЕтӀуанэ Исбухьэн Республикэм, ауэ джылэ зауэ къожьэри а проэктыр къагъанэ.
1977 гъэм Ф. Франко дунем ехыжьа яуж, ныкъуэ къалъыту аутоном пӀалъэ ират. 1982 гъэм аутоном пӀалъэ псоуэ хэкум егъуэтыр.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынХэкум и кӀуэцӀым хэт шӀыпӀэр къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт, нэхъ лъэгапӀэхэр Иберий Ӏуащхьэхэм ящыщ, провинциэ Валенсиэмрэ Кастейонымрэ хэтхэ. Валенсиэ хэкум хы тӀыгу цӀыку Колумбертосхэр хеубыдэ.
Псы нэхъ ину хэкум ежэхыр тӀу: Сегурарэ (Аликанте провинциэм ежэх Андалусиэм къикӀыу) Хукаррэ (Валенсиэ провинциэм ежэх Кастиджэ — Ла Манчэм къикӀыу).
Хы Ӏуфэ зэву ирикӀуэр губгъуэ занкӀыу щыт, къуэкӀэ-бгыкӀэ инхэр имыӀу. Абым пэмыкӀыу Ӏуфэ лъэныкъуэм псыпцӀэ куэд Ӏэмэ иӀэ.
Пшахъуалъэ бжыгъи Гуардамар дел Сегура идежь иӀэ. XIX лъэхъэнэм пшахъуалъэм пэщыту жыг бжыгъэ хагъэтӀысхьауэ щыта абдежьым, иджы шӀыпӀэр хъумэным кӀэт.
Ӏуашъхьэ нэхъ лъагу хэкум хэтхэр: Калдерон — 1839; Пенияголоса — 1813 м; Айтана — 1558 м.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынВаленсиэм и джылэт пэсырей зэманхэм къыщыкӀэдзауэ шӀыпӀэ лэжьыгъэхэм нэхъ тегъэпсыхьауэ щыт лъэныкъуэхэм дэсхэт, псыхъуэ нэхъ инхэм идежь (Виналопо, Сегура, Туриа, Хукар), абым пэмыкӀыу кхъухьӀухьэпӀэ къалэхэм, щэхуэнымкӀэ пӀалъэшхуэ зезыхьахэм.
Джылэм и Ӏувагъыр нэхъ ину здэщытыр хэкум и кумрэ и ишъхъэрэ лъэныкъуэмрэ.
Яужырей илъэс кӀуахэм джылэм я бжыгъэр куэду дэкӀуэя къалэшхуэхэмрэ я англомерациэхэмрэ (Торренте, Мислата, Патерна, Бурхасот, Сан Висенте дел Распеч).
Хьэблэ мин 50,000-м фӀэкӀыу цӀыху здыдэсхэр
| ||||||||||||||||||||||||||||||
Къызхэхар: Institut Valencià d’Estadística, 2005. |
Администрациэ гуэчыгъуэр
зэгъэзэхуэжынВаленсиэ Лъэпкъыгъуэр провинциэ щыкӀэ мэгуэч, езы провинциэхэри куей 34-кӀэ зэхокӀыжьыр.
Валенсиэ Лъэпкъэгъум и гуэчыгъуэр | ||||
Провинциэр
|
Муниципалитету (куей) иӀэр
|
Джылу дэсыр
(2008) |
И инагъыр
|
Ӏувагъыр
цӀыху дэсым |
---|---|---|---|---|
Кастейон | 135 | 594.915 цӀыху | 6.632 км² | 89,70 цӀ/км² |
Валенсиэ | 266 | 2.543.209 цӀыху | 10.763 км² | 236,29 цӀ/км² |
Аликанте | 141 | 1.891.477 цӀыху | 5.816 км² | 325,19 цӀ/км² |
Псори | 542 | 5.029.601 цӀыху | 23.255 км² | 216,28 цӀ/км² |
Гулъытэгъуэ
зэгъэзэхуэжынТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Валенсиэ статистикэм и институт (Исбухьэныбзэ)
- Аликанте хэкум и сайт (Исбухьэныбзэ)
- Официал сайт Монтевидео лъэпкъэгъум (Исбухьэныбзэ)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |