Астуриэ иэ Астуриэ пщы къэрал (исп-бз. Asturias, Principado de Asturias, астуриэбзэ: Principáu d’Asturies) — автоном зэгуэтыгъэ икӀи Ишъхъэрэ Эспаниэм и куей. Бискай хыжэм Ӏулъ. КъуэхьэпӀэмкӀэ и гъунапкъэр Галисим хозэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ Кантабриэм, ипшъэмкӀэ Леоным. Пщы къэралу кӀытраӀуар Астуриэм и пщыкъуэм Эспаниэм и ӀэнатӀэр зэрлъысыфыным шъхьэкӀэ. Къалэ нэхъышъхьэр Овиедо. Къалэ нэхъ иныр Хихон. Куейм и джылэм и нэхъыбэр АстуриэбзэкӀэ мэпсалъэ, ауэ къэралыгъуэ статус иӀэкъым.

Астуриэ
Principado de Asturias
Principáu d'Asturies
Нып
Дэмыгъэ
Астуриэ шӀыпӀэтхыпхъэм
Къэрал Эспаниэ
Къэрал уэрэд: Asturias, Patria querida
Статус Автоном лъэпкъыгъуэ,
провинциэ
Къалэнэхъышъхьэ Овиедо
Президент Висенте Алварес Аресес
Нэхъышъхьэбзэр эспаныбзэ
Джылэр (2009)
1 085 289 (13-рей пӀэ)
Ӏувагъыр 102, 35 цӀыху/км²
Инагъыр 10 603,57 км² (10-рей пӀэ)
Кодыр ISO 3166-2 O
Официал сайтыр

ШӀыпӀу иубыдыр 10 603,57 км² (Эспаниэм и автоном куейхэмкӀэ 10-нэ и инагъымкӀэ). Куейм и шӀыпӀэмкӀэ Кантабрий Ӏуашъхьэхэр ирокӀуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм идежькӀэ лъэпкъ парк иӀэ, абым Ӏуашъхьэ метрэ 2 648 нэсу хеубыдэхэ, зыгъэпсэхупӀэ цӀэрыӀу.

Администрациэ зэхэтыкӀэр

зэгъэзэхуэжын

Пщы куей Астуриэр коммунэ 78 гуэчауэ щыт, абыхэм я статусхэр муниципэлитетхэм я хозэ. ПэмыкӀыу иджыри комаркэкӀэ зэхокӀыр, ауэ а гуэчыгъэр хабзэм иджыри къылъытакъым.

ЮрездикциэмкӀэ Астуриэр мэхьчэмэ куей 18 гуэчауэ щыт, мэхьчэмэ нэхъышъхьэ къалэ нэхъышъхьэхэм куейм къэс яӀу.

Хэхынхэм шъхьэчэ Астуриэр лъэныкъуищу гуэча: къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ, курыт лъэныкъуэ, къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ джоуэ. Джылэ нэхъыбэ зыхиубыдэр курыт лъэныкъуэра.