Овиедо
Овиедэ (эсп-бз.:Oviedo; астур-бз.: Uviéu) — Эспаниэм щыщ аутоном хэку Астуриасым и къэлащхьэщ, Муниципалитетыр комаркэ Овиедэм хеубыдэ.
Къалэ
|
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынОвиедэ къалэр 761 гъэм яухуэнауэ къоунэху, Сан Висенте и уэтэуэ ӀуэрыӀуатэ тхылъым ар нахуэ ищӀу. Тхылъыр 781 гъэм щыщ, абым копие XII лӀэщӀыгъуэм тратхыкӀауэ, уэтэуэ Сан Пелайо и архивхэм щӀэлъщ. ЗэритымкӀэ, ищхъэрэм къикӀыу ипщэмкӀэ ирикӀуэ гъуэгум (Къуалэбзухэм я пхырыкӀыпӀэ-м деж кӀуэр Леон къалэм хуэзэу, абым нэмыщӀу къухьэпӀэмкӀэ Галисиэм ирикӀуэ гъуэгури абым пхырыдзауэ, гъуэгу зэпрыдзыпӀэм джабэ тетыр бгынауэ щытащ, ицӀэтэр Оветао е Овето, щӀыпӀэ бгынам шоджэнитӀ Масимо Фроместано яцӀэу уэтэуэ яухуэна, Сан Висенте хуагъэфащауэ. ЯужкӀэ, джабэр Сан Висенте шоджэнхэм зэрыяр нахуэ щӀным щхьэ, пэштыхь Фруэла I а щӀыпӀэм екӀуэлӀа хъуащ, абым папщӀэ чылиси иухуэна Сан Салвадор хуэгъэфэщауэ. Чылисэм къинэмыщӀауэ, паштыхьым нэмыщӀ тхьэлъэӀупӀэ бжыгъи хилъхьащ а щӀыпӀэм, яужкӀэ, абыхэм ящыщ зым и къуэ Алфонсо II-р къыздэхъуари.
Япэу тхыдэм зэралъытэу щытар къалъэр лӀэщӀыгъуэ VIII халъхьауэ, яужьым, ХХ лӀэщӀыгъуэм икум, иджырей къалэм и пӀэм дежь, урым псэупӀэ итауэ гупшысэ ягъэунэхуащ, Сан Висенте и ӀуэрыӀуатэ тхылъым ит хъыбархэм теухуауэ а гупшысыгъуэр. А гупшысыгъуэм нэхъри пкъы щӀэзгъувар Астурием и щӀэнхабзэ музеир щагъэщӀэращӀэм куэд мыщӀауэ, археологхэм къагъуэта пасэреигъуэхэращ. Я ныбжыр лӀэщӀгъуэ IV-м хуагъэфащащ.
Алфонсо II-м Астуриэм и къэлащхьэу Овиедэ щищӀа гъэр тхыдэм къэунэхукъым, ауэ ар 812 гъэм нэхъ япэу къызэрыхъуар нахуэщ. 812 гъэм щыщу, Алфонсо II-м и уэсият тхылъыр Овиедэ кофедралым и архивым щӀэлъщ, абым зэритымкӀэ а гъэм къэлэр пэштыхьым и псэупӀэу щытыхэщ. Къалэр епископым и пӀэу ищӀащ, игъэбыдащ, уардэунэхэр, чылисэхэр дищӀыхьащ. Къалэр зыхъумэ блынджабэр (нобэкӀэ мащӀэ дыдэу къэнэжар) хуэхъуреуэ щытащ, къалэр здытет джабэм хуэфӀыу, щӀыпӀэу га 11 хуэдиз хиубыдэу, жылэу дэсар мин 6 хуэдиз, хьэблищу гуэщахэу: Ла Вийа - чылисэхэмрэ уардэунэхэмрэ здыдэта хьэблэ; Симадевийа - щэхуапӀэхэмрэ хьэжыщӀ кӀуэхэмрэ ятеухуа хьэблэ; Сокастейо - яужырейуэ ещанэ хьэблэр.
Алфонсо II-м и лъэхъэнэм Компостела дежь чэщанэ къагъуэта, Якоб апостолым ей хуэдэу. Алфонсэм Овиедэ къигъанэри, чэщанэм деж йожьэ хьэжыщӀ, абы лъандэрэ Алфонсэр япэрей пэштыхь мэхъу Сантияго дэ Компостела хьэжыщӀ дэкӀахэм ящыщу, абым кӀуэ гъуэгури хэзылъхьар. Ар 829 гъэм, фокӀадэм и 4 махуэм щыщ тхылъым нахуэ ещӀ, абы зэритымкӀэ км 4-кӀэ чылисэм и хъуреягъыр быдапӀэу ухуэнащ, щӀыпэри езы чылисэм паштыхьым яритауэ чэщанэр хъумэным папщӀэ, хьэжыщӀ екӀуэлӀахэми гузэвэгъуэ ямыӀэу псэху щыӀэфынэхэу. Абым нэмыщӀу тхылъым еӀуатэр паштыхьым а хъыбарыр къызэрищӀар, и уардэунэм щӀэс тхьэмадэхэми абым теухуауэ заречэнджэщар. Ауэ, иджыпстукӀэ а тхылъым итыр пцӀыуэ къыщӀэкӀауэ къагъэунэхуа щӀэныгъэлӀхэм, Алфонсо II и гъащӀэ тхыдэр зэрагъэщӀа нэуж, тжылъ-хъыбарым ит махуэр темыхуэу и гъащӀэм къыкӀэкӀащ.
X лӀэщӀыгъуэм Реконкистэр ипщэмкӀэ пхырыкӀ пэтрэ къэлъащхьэри паштыхьхэм ягъэӀэпхъуа хъуащ, Леоным яхьауэ. Абы папщӀэ Овиедэ и лъэкӀыгъуэри фӀэкӀуэд хъуа. Ауэ Карылышхуэм и хейм зэрыпыщӀам папщӀэ, хьэжыщӀ кӀуэ цӀыхухэр, Перенейхэм къыщхьэдэкӀхэтэр, Овиедэм екӀуалӀэу, абым пхырыкӀху хъуахэ, абы лъандэрэ ищхъэрэ гъуэгур