Севи́джэ (исп-бз. Sevilla) — Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэм хэт къалэ, мин 700 цӀыху дэсу. Андалусиэ хэку лъэпкъэгъумрэ Севиджэ куеймрэ я къалэ нэхъышъхьэ.

Къалэ
Севиджэ
исп-бз. Sevilla
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
Къэрал Эспаниэ
Куей Севиджэ
Кординатхэр Кординатхэр: 37°23′00″ с. ш. 5°59′00″ з. д. / 37.383333° с. ш. 5.983333° з. д. (G) (Я)37°23′00″ с. ш. 5°59′00″ з. д. / 37.383333° с. ш. 5.983333° з. д. (G) (Я)
И инагъыр 141,31 км²
джылэр 704 414 цӀыху (2006)
Ӏувагъыр 4984,88 км²/цӀыху
Зэманыгъуэр UTC+1, гъэмахуэм UTC+2
Телефоным и кодыр (+34) 95
Почтэ индексхэр 410
Официал сайтыр http://www.sevilla.org/
Севиджэ (Эспаниэ)

Пэсырем Севиджэм цӀэ зэрихьэтэр Гипалис, Урым колониэу щыта.

712 гъэм хьэрыпхэм къалэр яубыдри куей Ишбилиям (إشبيلية) и къалънэхъышъхьэ яшъа, куейм и цӀэм къыхокӀыр иджырейуэ къалэм цӀэ зэрихьэр.

Кордобэм и халифатыр зэхэкӀа яуж Севиджэр зыубыдахэр Тайфа лъэпкъым, абыхэм щыгъуэ къалъэм и лъэшыгъуэр щызэфӀэувар.

1091 гъэм Севиджэр берберхэм яубыдри илъэс шъитӀкӀэ я ӀэнатӀэм кӀэт.

1248 гъэм, мазэрэ ныкъуэрэкӀэ Севиджэм и хъуреягъыр Кастиджэм и Ферденанд III-м убыдауэ щыта нэуж, калэр эспанхэм яӀэкӀохьэ.

ЩӀэуэ и лъэшыгъуэр аргуэру щызэфӀэувар XVI-XVII лъэхъэнэхэм, Америкэр къагъуэта яуж. Апщыгъуэм Севиджэр къэралым и хыӀухьэпӀэ нэхъышъхьэ къуэдеуэ щытакъым, Ӏэшъагъэхэм пылъу хъуари къалэм екӀуэкӀхэт.

1729 гъэм Севиджэм тхылъ кӀатха зауэ емыгъэкӀуэкӀыным Эспаниэмрэ Фрэнджымрэ Инджылызымрэ я зэхуакум, яужым Нидерлэндхэри яхэхьа.

1808 гъэм Севиджэра нэхъышъхьу щытар Наполеон I-м и фрэнджызэ Эспаниэм ихьам и пэщытыным.

Къалэр Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэм хэт, Андалусиэм и къуэхьэпӀэм, Португалым и гъунапкъым км 90 пэщылъу. Гуадалкивир и псыхъуэм дэт, и лъэныкъуитӀыр иубыду. Севиджэ къыщыкӀэдзауэ хыпэм нэгъунэ Гуадалкивирым хы кхъухьхэр зэкӀуэ. Къалэм и пэсырей лъэныкъуэр псыхъуэм и сэмырабгъу лъэныкъуэмкӀэ хэт, къалэм къыпэщылъ хьэблэ Лос Умерос, Сестериэ, Бартиджо, Карретериэ, Ресолана, Сан Бернардо, Сан Доли, Ла Калсада, Макарена джоуэ и хъуреягъкӀэ Ӏутху. Пэсырей быдапӀэ блыным чэшъанэ 66 хэтауэ щытам, макӀэ щыщу къэнэжьар. Псыхъуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэм Трианэ хьэблэр хэт.

ПэмыкӀ къалэхэмрэ Севиджэмрэ я зэхуакум дэлъыр: Кадис - 125 км, Кордоба - 140 км, Малага - 219 км, Гранада - 250 км, Мадрид - 541 км, Барселона - 1046 км.

Хьэуар Севиджэм
Къигъэлъагъуэр ЩӀыш Маз Гъатх Мэл Накъ Мэкъу Бадз Шыщхь ФокӀ Жэп ЩакӀу Дыгъ Гъэ
Максимум курытыр, °C 15.9 17.9 21.2 22.7 26.4 31.0 35.3 35.0 31.6 25.6 20.1 16.6 24.9
Температурэ курытыр, °C 10.6 12.2 14.7 16.4 19.7 23.9 27.4 27.2 24.5 19.6 14.8 11.8 18.6
Минимум курытыр, °C 5.2 6.7 8.2 10.1 13.1 16.7 19.4 19.5 17.5 13.5 9.3 6.9 12.2
Къехым я нормэр, мм 65 54 38 57 34 13 2 6 23 62 84 95 534
Къызхэхар: Agencia Estatal de Meteorología, España

Севиджэр Эспаниэм и къалэ нэхъ инхэм ящыщ, джылу дэсымкӀэ еплӀанэреуэ ит.

Къалэм джылэ дэсым я бжыгъэм и зэхъуэкӀыгъуэр
1900 1920 1940 1950 1960 1970 1981 1991 2001 2008
147.271 205.723 302.300 374.138 441.869 545.692 645.817 683.028 684.633 703.206

Экономикэр

зэгъэзэхуэжын
 
«Alamillo Bridge» Expo'92 шъхьэкӀэ яшъа

1990 гъэхэм Севиджэм и инфрэструктурэм инвистициэшхуэхэр къэкӀуэн кӀадза. Нэхъыбу ар зытеухуатэр «Expo 1992» Севиджэ екӀуэкӀар, а гъэлъэгъуэным и гъэхьэкӀэгъуэр зэфӀэувауэ щытыным шъхьэкӀэ. Абым пэмыкӀыу къалэм и джылэ транспортым и модернизациэ ирагъэкӀуэкӀа, лъэш яшъа, пэмыкӀ къалэхэм гъушӀгъогу кӀэх «AVE»-хэм пашъа. Къэралыгъуэ аэропорт кӀэи къалэм яшъа.

Зэр Переней хы тӀыгуныкъу Севиджэ закъуэ псым тету кхъухьӀухьэпӀэ зиӀэр, км 80 Гуадалкивирым и пэм пэщылъу. А ӀухьэпӀэр Атлантик океанми, Хы Курытми епхауэ щыт, Эспаниэм и ипшъэ лъэныкъуэхэр (Андалусиэрэ Экстремадурарэ) щэхуэнымкӀэ пегъэлъыф Еуропэми Африкэм и ишъхъэрэ лъэныкъуэми КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъуми. ӀухьэпӀэр гъэтэрэзыгъуэ яшъат. 2006 гъэм, зэгъэзэхуэгъуэ лэжьыгъу хэкӀар 5,3 млн. тонн хуэдиз.

Севиджэм и гъунэгъу чэшъанибгъу иӀэ, дыгъэ энергиэ къыхаху, къалэм и нэхъыбэм экологиэ энергиэ къабзэ езыт. А чэшъанэхэм гъунджэ къагъэсэбэп, дыгъэм и нэхур ирагъэкӀуэалӀу бэкхъ гъэплъа къыхэхын шъхьэкӀэ. А бэкхъым турбинэхэр егъэлажьэ, езы турбинэхэм электроэнэриэ яшъри, джэщми махуэми къалэм ират.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын