Болэтыкъуэ Джанболэт
Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт (? — 1836 гъ. и жэпуэгъуэ) — КӀэмыргуеим и пщышхуэ. Урыс-адыгэ зауэм и зы пашэхэм ящыщщ. Болэтокъо Аитэч и къо Хьэтокъщыкъо и къуэ. Тхыдэ щӀэныгъэлӀхэм яхэӀуэа щытщ лӀыхъужь цӀэрыӀуэу.
Болэтокъуэ Джанболэт Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт | ||
| ||
---|---|---|
1830 — 1836 | ||
Япэ итар: | Болэтокъуэ Мыщэуэст | |
Яуж ихьэр: | ? | |
Къыщыхъуар: | ? Адыгэ хэку, КӀэмыргуей пщыгъуэ | |
Дунем щехыжьар: | 1836 Адыгэ хэку |
КӀэмыргуеим пщыщхуэу зэртехьар
зэгъэзэхуэжынБолэтокъо Аитэч дунейм ехыжа нэужь КӀэмыргуэй пщыгъуэр тӀууэ зэгуэкӀа хъуащ, и къуитӀым зэдагуэшауэ. Зы Ӏэхьэр Болэтокъуэ Хьэтокъущыкъуэм къылъысащ адрер Болэтокъо Аслъэнбэчым. XIX лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзэгъуэм КӀэмыргуеим и пщыщху техьэр Болэтокъуэ Бэзрыкъо, ари куэду темыту абдзахэхэмрэ кӀэмыргуэйхэмрэ я ныкъуэкъуэгъум хуэкӀуадэ 1808 гъэм. Абым ипӀэкӀэ пщыщхуэу техьэр и къуэш нэхъыщӀэ Болэтокъуэ Мыщэуэст.
XIX лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм КӀэмыргуэй пщыгъуэр тӀууэ зэгуокӀыр, пщыщхуэм и ӀэнатӀэм хуэкӀыр Болэтокъуо Джанболэт и щӀыпӀэхэр (Мыщэуэст и ядэкъуэшым и къуэ), Джанболэтыр Болэтокъуэ Аслъэнбэчым и пщыгъуэ Ӏэхьэм нэхъыщхьу тетт. Джэанболэтым и пщыгъуэ щӀыпӀэр Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я псыхъуэ зэхуакум дэлът, Пщыхьэпэм щыщӀэдзауэ Мыекъуэпэ къуэм нэгъынэ. КӀэмыргуэйхэм щымыхъукӀэ щыпсэухэт абдзахэхэр, еджэрыкъуаехэр, мэмхэгъхэр, хьэжырэт къэбэрдеихэр.
Болэтокъуэ Мыщэуэст лӀа нэужь (1927 гъ. и мазэем щыщӀэдзауэ бадзэуэгъуэм нэс) Джанболэт и ӀэнатӀэр лъэщ мэхъур пщыгъуэм. И унафэм едэӀухэу Псыжь псыхъуэм къыдокӀхэри къущхьэ лъэныкъуэхэм мэтӀысхэр Болэтокъуэ Шумафрэ (Мыщэуэст и къуэш нэхъыщӀэр) Болэтокъуэ Лъэустэнрэ (Болэтокъуэ Бэзрыкъуэ и къуэр) я жылэр ядэщӀыгъуу.
1830 гъэм щыщӀэдзауэ 1836 гъэм нэс Болэтокъо Джанболэт КӀэмыргуей псом и пщыщхуэу мэхъур.
КӀуэдыгъэр
зэгъэзэхуэжынДжанболетыр къэзакъхэм яӀэкӀэкӀуэда хъуа. Дзэзэшэ Засым къыригъэблэгъауэ идеж Прошнэокопскэ быдапӀэм, дзызэхэсхэм гузэвэгъуэ къэхъуа хуэдэу хъыбар къаӀуэхуащ, адыгэ губ зы бжьанэ урыс гъунапкъэм пхырыкӀауэ. Засым къэзак гуп абыхэм апыригъэжьащ, Болэтокъуэм и щауэлӀыгъусэхэри ядэщӀыгъуу. Абым яуж, Засыр Болэтокъуэм хуэсакъ хуэдэу, гузэвэгъуэп къызэрхъеям папщӀэ елъэӀуащ Ермэл-хьэблэ Прошнэокопскэм ипэмыжыжэу щытымкӀэ екӀуэкӀынэу. Болэтокъуэм псалъэ абым пимыдзэу, Засым и Ӏуэхугъэ къэхъеяуэ игугъам зэран хуэмыхъун хуэмеэ идэри и зы уэркъ нэхъ имыгъусэу быдапӀэм дэкӀа.
Куэд мыкӀуахэу, Болэтокъуэмрэ и уэркъымрэ къэзакъ гуп ятеуа хъуа. Зэшэ-зэпӀэу Болэтокъуэр абдежьым хэкӀуэдащ.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынМыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |