Урыс-адыгэ зауэ
Урыс Адыгэ зауэ (1763 — 1864[1]) — зауэм и щӀэдзэгъу къалъытэр Мэздэгу быдапӀэр щыхалъхьа гъэращ 1763, Джылэхъстэнейм. Щиухар 1864 накъыгъэм и 21, Ӏаткъуаджэм деж.
Урыс Адыгэ зауэ | |||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| |||||||||
| |||||||||
Лъэныкъуэхэр | |||||||||
Адыгэ Хэку: Абдзах Беслъэней пщыгъуэ Бжьэдыгъу пщыгъуэ Жанэ Къэбэрдей пщыгъуэ КӀэмгуей пщыгъуэ Мамхэгъ пщыгъуэ Мэхуэщ пщыгъуэ Натхъуэдж Убых пщыгъуэ Хьэтикъуае пщыгъуэ Шапсыгъ |
Урысей империэ | ||||||||
Дзэпашэхэр | |||||||||
Къанокъуэ Айтэч Тыгъужъыкъуэ Къызбэч Зан Сэфэрбый Болэтыкъуэ Джанболэт Бэрзэдж Кэрэнтыхъу Уэблагъуэ Ахьмэд Къарэмырзей Алий |
Ермолов Алексей Барятинский Александр Зас Григорий Евдокимов Николай Паскевич Николай |
Зауэм и щӀэдзэгъуэр, Къэбэрдейр Урысейм зэриубыдар
зэгъэзэхуэжынXVIII лӀэщӀыгъуэм и кум Урысей империэм и экспансиэр Къуакъазым носыр. Къаукъаз щӀыбагъым дэт къарууншэ пэштыхьейхэр (Картли Кахети, Имерети нэмыщӀхэр) Урысейм и ӀэнатӀэр къаштэ, ауэ Ӏуэхугъуэр зэӀуохьэр Урысеймрэ и щӀыпӀэ щӀэхэмрэ я зэхуакум Ищхьэрэ Къаукъазыр дэлъ мэхъур.
Апхуэдэу XVIII лӀэщӀыгъуэм и етӀуанэ Ӏыхьэм Урысей империэм зауэр къырегъажэр Къаукъазыр убыдыным папщӀэ. Амалыншэу мэхъур Адыгэ хэкум емызауэу — Къаукъазым и нэхъ къэрууфӀэ хэку, емылъытауэ илъэс бжыгъэкӀэ адыгэхэр Урысейм и лъэныкъуэр зауэ бжыгъэмкӀэ зэриштэтэр, зэрзэпылъхэтэр, ауэ адыгэ жылэми я хуитыныгъэр ягъэкӀуэдыну хуейтэкъым. Апхуэдэу, адыгэхэм къапэщылъырт язэуэну дунейм и нэхъ лъэш империэм.
Адыгэ хэкум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр
зэгъэзэхуэжынКъаукъазыр иубыдын Урысей империэм зэрщӀидзар Адыгэ хэкум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ — Къэбэрдей, а лъэхъэнэм пщыгъуэм щӀыпӀэшхуэр иубыдырт. КъэбэрдеймкӀэ пхырыкӀырт гъуогу нэхъыщхьэхэр КъаукъазщӀыбагъым. Абым нэмыщӀыу Къэбэрдейм ӀэнатӀэшхуэ иӀэт нэмыщӀ къаукъаз лъэпкъхэм — абазэхэр, къэрэшейхэр, балъкъэрхэр, осетинхэр, ингушхэр, мышгычхэр къэбэрдей пщыхэм я ӀэнатӀэр къалъытэрт.
Урысей ӀэнатӀэгъуэм илъытэт Къэбэрдейр иубыду нэхъщхьэ гъуогу КъаукъазщӀыбагъым кӀуэр (къэбэрдей пщыхэм я ӀэнатӀэм щӀэттэр) езым зэригъэзэхуэн. Абым нэмыщӀыу Урысейм Къэбэрдейр щиубыдым деж: япэреуэ — Къаукъазыкур и ӀэнатӀэм щӀыхьэрт; етӀуанэу — къаукъаз лъэпкъхэм абымкӀэ и къэрур яригъэлъагъурт, нэхъыщхьэу ар зыхуигъэлъытэтэр Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм. Къэбэрдейр иубыда нэужь Къаукъазыр тӀууэ зэгуэкӀырт — КъухьэпӀэ Адыгэ хэку, Дагъыстэн жоуэ.
Мэздэгу къуэладжэр
зэгъэзэхуэжын1763 гъэм Мэздэгу къуэм деж, Джылэхъстэней пщыгъуэм Урысей ӀэнатӀэгъуэм быдапӀэ хелъхьэ, ар къэбэрдей пщыхэм ямычэнджэшу ещӀыр. БыдапӀэр хахыжыну лъэӀуэгъуэ пщыхэм щыратым Урысейм амалыншэу ищӀэн ар идакъым, абым пэмыщӀу нэхъыбэу быдапӀэм и дзэ зэщӀиубыдащ. Апхуэдэ Ӏуохугъуэ Урысейм щыригъэкӀуэкӀым Къэбэрдейр щӀэхуу зэ къэрууэ зэгуэхьащ, Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэ пщыгъуэхэми щыщ дзэхэри зауэхэм хэтыну къыкъуэкӀахэщ.
Зауэр зэрекӀуэкӀар
зэгъэзэхуэжынУрысей дзэзэшэхэм я нэхъыбэм зауэр «мафӀэкӀэ» ирагъэкӀуэкӀырт, губгъуэхэр (гъавэхэр) хаутэт, былымыр ирахурт хэкум. Къуажэхэм бжыгъэ ямыӀэу ягъэсырт. Урысей ӀэнатӀэгъуэм уэркъхэмрэ лъхукъуэлӀхэмрэ ныкъуэкъуэгъу хидзэрт Къэбэрдейм, кӀуэсэжьа лъхукъуэлӀхэр идеж иштэу, я пщы-уэркъхэм пэувэнэхэу къакӀигъастэу. Абым нэхъыбэу гъунэгъу лъэпкъхэр къигъэгугъа — Къэбэрдейм текӀуэмэ, и губгъуэ щӀыпӀэхэр яхуигуэшыну, къэбэрдей пщыхэм фӀэкӀа щыхь ямытыжынэу. Апхуэдэу щыхъум лъэпкъ бжыгэхэр зауэм хэмыхьэу Урысей и лъэныкъуэр яубыда хъуащ.
Зауэр екӀуэкӀыху къэбэрдей къуажэу хъуар, Ӏуащхьитху щӀыпӀэм щыӀахэр хагъэкӀуэдащ, зауэм къелахэр Бэлъкъ щӀыбагъымкӀэ ягъэтӀысахэщ, щӀыпӀэ «хуит» хъуахэм быдапӀэ щӀэхэр халъхьа — Константиногорское (Псыхуабэ), 1801 гъэм Нартсанэ къуэм быдапӀэ Кислые воды (Нартсанэ) — абыхэм зэхуащырт къэбэрдейхэм щхьэкӀэ гъуогур Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм, Къэбэрдейр Адыгэ хэкум хэгъэкӀа хъуащ. Хьэлэч къыхэзылъхьэр абым нэмыщӀу къэбэрдей жылэм емынэ узыгъуэращ, зауэ екӀуэкӀым узыр нэхъри нэхъ псынщӀыу лъэпкъыр зэщӀигъащтэрт. ЗэрыхъуамкӀэ, Къэбэрдейм и жылэ мин 500 хъутэр мин 35 нэсащ.
Абым папщӀэ урыс дзэзэшэхэм гу лъытыгъуэ ящӀыр Къэбэрдейм фӀэгъэкӀа хузэфӀэмкӀыжьынэу и шуудзэ мин бжыгъэ хъутэмкӀэ урысей лъэныкъуэхэм теуэн. Ауэ лъэпкъым зэуэныр щигъэтакъым. Къумбалей и псыхъуэм (иджырей Ищхъэрэ Осетиэм) зауэшхуэ щекӀуэкӀащ, текӀуар а зауэм Урысейра. А лъэхъэнэм щыщщ адыгэ псалъэжьыр:
« | Емынэм къелар Къумбалейм ихьа | » |
Къущхьэ лъэныкъуэхэм хэта адыгэ къуажэхэр губгъуэмкӀэ ягъэтӀысын щӀадза, быдапӀэ кусэу ирагъэкӀуахэр хъумэным пылъхэт къэбэрдей жылэр къущхьэ лъэныкъуэмкӀэ пхырымкӀынэу (къущхьэхэр сыт щыгъуи лъэпкъым и быдапӀэу щытащ зауэхэми, абым папщӀэ урысей ӀэнэтӀэгъуэм зихъумэжырт). 1822 гъэм Къэбэрдей къэрууншэ хъуам Ермоловыр зекӀуэу хэхьа. Пщы-уэркъ бжыгъэхэм зауэ иратурэ Бэхъсэн къуэладжэмкӀэ икӀуэтыкӀахэ, яужым Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм икӀахэщ «Хьэжрэт Къэбэрдей» къуажэхэр халъхьауэ, абым нэмыщӀу бжыгъэхэр Мышгычейм хэтӀысхьахэщ.
Зауэр Къэбэрдейм зэриухар
зэгъэзэхуэжынАпхуэдэу, Къэбэрдейр илъэс 60-кӀэ Урысейм иубыда хъуащ. И щӀыпӀэм и ныкъуэм и ныкъуэращ къыхуэнэжьар, жылэ мин 500 хъутэм къелар мин 35-щ.
Осетин, ингуш, балъкъэр лъакъуэ гуэрэхэр къэбэрдей пщыхэм я ӀэнатӀэм щӀэкӀыху Урысейм ер къаштэрт. Къэрэшейр зы махуэ зауэкӀэ Урысейм хэхьа 1828 жэпуэгъуэм и 30.
Джылэхъстэней щӀыпӀэ унэщӀам (иджырей Мышгычейм, Ингушейм, Осетиэм я губгъуэхэр) къущхьэхэм къыдагъэкӀыурэ мышгычхэмрэ ингушхэмрэ ягъэтӀысырт. Къэбэрдеишхуэм и щӀыпӀэ унэщӀахэм къущхьэм къыдагъэкӀа осетинхэм, къэрэшейхэм балъкъэр лъэпкъхэм яратырт.
Адыгэ хэкум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр (Къэбэрдейр) Урысейм зэриубыдар 1774 гъэм, зы къэралым дуней псом псалъэ пимыдзэу империэм и зы лъэныкъуэу къалъытэу щӀадзащ, ауэ Адыгэ хэкум и КъухьапӀэ лъэныкъуэр Урысейм хэту къалъытэртэкъым.
Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэр
зэгъэзэхуэжын1829 гъэм, Урысей империэм дипломатиэ Ӏэзэгъуэхэр къигъэщхьэпэу Адыгэ хэкур «езым еуэ» дуней псо къэралхэм къахуеӀуохур.
Абым куэдрэ япэу Уэсмэн империэр бжыгъэрэ пылъащ Адыгэ хэкур и ӀэнатӀэгъуэм щӀигъэхьанэу, ар Кърым хъанейкӀи, мыслымэныгъэкӀи игъэзэнщӀэным пылъырт. Зауэу зэ нэхъ зэпэуватэкъым Адыхэ хэкумрэ тыркухэмрэ — уэсмэнхэм я кхъухьхэмкӀэ Адыгэ хэкум и хы Ӏуфэм дзэ къыщыригъэкӀам, быдапӀэ ящӀыным папщӀэ. Дзэр щӀэху хэкӀуэда адыгэ шуудзэр зэ теуа яуж. Абым лъандэрэ къыщыщӀэдзауэ уэсмэн ӀэнатӀэгъуэр чэнджэшурэ Натхъуэдж пщыхэм пӀалъэ къаӀырахыр быдапӀэ ящӀыну Анапэрэ (Ӏэнапэ) Суджук калерэ (ЦӀэмэз). Ауэ, пцӀыгъэ ящӀамкӀэ, дунейпсом тыркухэм ябым яуж къаӀуохун щӀадзэр Адыгэ хэкур и ӀэнатӀэгъуэм щӀэту.
Тыркухэм я щӀыпӀэтхыпхъэхэм Адыгэ хэкур я къэралым хэту ятхт. Урысейм ар езым игу ирихьу апхуэду щыту къилъытэрт. Аргуэру урыс-тырку зауэм Урысейр текӀуа яуж Адрианопол тхылъыр къэралитӀым щӀатхэр, абым унафэ къыхэкӀымкӀэ Тыркум Адыгэ хэкур «ирет» мэхъур Урысейм, «гъащӀэпсом еуэ щытынэу». Апхуэдэу «Еуропэ псом и дипломатхэр къэгъэпцӀа хъуащ урысей ӀэщӀагъэмкӀэ».
Карл Маркс гу зэрилъытамкӀэ:
« | Тыркум имыӀар дауэ иритыфа Урысейм | » |
Абыми итхт Урысейм ар фӀыуэ къызэргурыӀуэр: «Тыркуей пэштыхьыр Ӏэнапэм дэсыхукӀэрэ Урысейм тхылъ щӀитхащ адыгэ пщыхэм ящэхуэну хы Ӏуфэ къалэхэм». Тыркуей Ӏуохугъэхэр зэгъэзэхуэным щхьэкӀэ Истамбыл адыгэ тхьэмадэхэр макӀуэ. Тырку ӀэнатӀэгъуэм мыслымэн диныр къаштэу Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм щӀэхьэнэхэу адыгэхэм къажыраӀэр, ауэ тхьэмадэ кӀуахэм къажыраӀар зэкӀи къамылъытэу зызэпагъазэри хэкум къагъэзэжыр.
ДунейпсомкӀэ Урысейр хуит хъуауэ, къыгурыӀуэт Адрианопол тхылъыр зы хьэрф къуэдеуэ, адыгэхэм къамылъытэнур, и ӀэнатӀэгъуэм Адыгэ хэкур зауэ къуэдейкӀэ зэриубыдыфэнур.
1830 гъэм Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм Урысейм дзэ къэруушхуэхэр тредзэр. Адыгэхэм тхьэмадэ гуп ягъакӀуэр урыс дзэзэшэхэм ядеж чэнджэшэгъуэ. Абдежым урыс Ӏэтащхьэхэм къаӀуохур Адыгэ хэкур адыгэхэми ядэщӀыгъуу Урысейм ирита я нэхъыжьу ящхьэщыт тырку пэштыхьым. Тхылъ бжыгъэ яужым адыгэхэм ягъэкӀуа урыс пэштыхьхэм, къэрал бжыгъэхэм я ӀэнатӀэгъуэм ауэ абыхэм зауэр зыкӀи ягъэувэӀакъым.
Зауэр зэрекӀуэкӀар Адыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм
зэгъэзэхуэжынАдыгэ хэкум и КъухьэпӀэ лъэныкъуэм урысей дзэзэшэхэм Къэбэрдейми хуэду «мафӀэкӀэ» зауэр ирагъэкӀуэкӀырт — губгъуэм гъавэхэр хаутыхьырт, былымыр ирахут жылэм гъаблэр хагъыхьэу. Къуажэхэр бжыгъэу ягъэсу, цӀыху дэмкӀыжыфыхэр яукӀыу. ЦӀэрыуӀэ а зауэм хъуар дзэзэшэ Зас Григорий, и быдапӀэ гъунэм бжыхь иригъэкӀуат бжыкӀ хэсахэм цӀыхущхьэхэр фӀэгъэтӀысхьауэ, мыхьэну абым хилъхьэтэр адыгэ жылэр игъэшынэным папщӀэ. Апхуэдэ Ӏуохугъуэр урыс пэштыхьым нэгъунэ игу темыхуэу хъуат. Апхуэдэ зауэкӀэм жылэр куэду хэкӀуадэрт ауэ урысыдзэм и Ӏэтащхьэм текӀуэныгъуэр къахуэкӀуэтэкъым.
Урысыдзэм щыщ гуп Адыгэ хэкум зекӀуэу хэхьэхэтэр кӀуэдт, къамыгъэзэжэу. Урыс пэштыхьхэм адыгэ лъэпкъ закъуэракъым хигъэкӀуадэтэр а зауэм, езым и дзэми бжыгъэ имыӀэу цӀыхухэр ихьт.
Хы Ӏуфэр блокадэм зэрхэхуар
зэгъэзэхуэжынАдыгэ хэкум и хы Ӏуфэр блокадэ щӀыным папщӀэ Ӏэнапэм къыщыщӀэдзауэ Мдзымтэпэ нэс хы Ӏуфэ быдапӀэ кусэ ирагъэкӀуа.
Адыгэхэм бжыгъэрэ а быдапӀэхэр яубыдт, ауэ яужкӀэ урысхэм щӀэуэ трагъэзэжырт. Апхуэдэу, 1840 щӀышылэм и 19 адыгэхэм яубыдри, яужым зэхакъута быдапӀэ Лазаревскэр (ПсышӀопэ); гъатхэпэм и 12 — Велияминовскэр (ТӀуапсы); мэлыжьыхьым и 2 — Махайловскэр (Цопсын); мэлыжьыхьым и 17 — Николаевскэр; накъыгъэм и 6 — Навагинскэр (Щачэ). БыдапӀэ Михайловскэр адыгэхэм щаубыдым деж, урысыдзэм хэт щӀалэ Архип Осиповым гын здыщӀэлъ щӀыунэр къигъэуат. Абым папщӀэ быдапӀэ Михайловскэм (Цопсын) и цӀэр Архипо Осиповку зэрахъуэкӀащ.
Зауэр хым зэрекӀуэкӀар
зэгъэзэхуэжынЗауэр здекӀуэкӀтэр щӀы къуэдейратэкъым, хыми апхуэдэу дзэхэр зэпэщӀэувэрт. Пэсырей лъэхъэнэхэм щыщӀэдзауэ адыгэ лъакъуэ хы Ӏуфэм Ӏусхэтэр (шапсыгъхэр, натхъуэджхэр, убыххэр), азгъэхэр хым фӀыуэ зекӀуэхэрт. Страбон щыщӀэдзауэ хъыбархэр къынэса адыгэ-азгъэ лъакъуэхэр хым зекӀуэ зэрхэтхэр, лӀэщӀыгъуэ курытхэм а Ӏуохугъэр индыдэ хъуат.
Адыгэ кхъухьхэр инхэтэкъым, псынщӀэхэт; щӀэху бгъэпшкӀуфхэт. «Кхъухьхэм я лъащӀэр занщӀу щытт нэрыбгэ 18-20 ихуэу, абым нэмыщӀу кхъухь инхэри щыӀэт нэрыбгэ 40-80 ихуэу»
Зауэр зэрщӀидзэрэ адыгэхэм фӀыуэ къагъэсэбэпырт я кхъухьыдзэр. Урысей кхъухьышхуэхэр жьым пылъхэт зыкъэмынэу, хьэлъэхэт, щӀэху загъэзэфхэтэкъым, абым папщӀэ ар я тхьэсхъапӀэт адыгэ кхъухьхэм ягъэлъытамэ. Адыгэ кхъухьзекӀуэхэр нэрыбгэ 100-м фӀэкӀыу зэрысхэтэр ятеуэрт урыс кхъухьхэм, абым нэмыщӀыу кхъуафэ гупууи теуэ щащӀ хъут. Мазэншэ жэщхэм щэхуу хым хэхьэхэти я кхъухьхэмкӀэ урысхэм ятеуэхэрт. «Япэ щыкӀэ фочкӀэ плъакӀуэхэр траудырт, яужым теуэхэрт къамэкӀэ, сэшхуэкӀи я Ӏуохур щӀэху зэфӀагъэкӀырт.»
Урыс кхъухьхэр хы Ӏуфэм нэхъ гъунэгъуу язэрхузэфӀэкӀыу Ӏухьэти адыгэ къуаджэхэм топышэкӀэ яхэуэрт.
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжынТхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- С. Хатко. История Черкесии. Бытырбыху. Бытырбыху Университетым и тхылъ тедзапӀэ. 2002 гъ.
- Т. В. Половинкина. Черкесия — боль моя. Исторический очерк (древнейшее время — начало 20-го века). Мыекъуапэ. 2001 гъ.
- Т. Лапинский. Горцы Кавказа и их освободительная борьба против русских. Налшыч. ТхылътедзпӀэ «Эль-Фа». 1995 гъ.
- А. Фонвиль. Последний год войны Черкесии за независимость 1863-1864. Налшыч. 1991 гъ.
- Э. Спенсер. Путешествия в Черкесию. Мыекъуапэ.1995 гъ.