Тыгъужъыкъуэ Къызбэч
Тыгъужъыкъуэ Къызбэч (1777 гъэ — 1840 мазаем и 28) — шапсыгъ лъэпкъым щыщ лъакъуэлъэш ШэрелӀыкъуэхэ къахэкӀа, Урыс-Къаукъаз зауэм хэта, 1810-1839 гъэхэм дзэзэшу щыта. ЗекӀуэ бжыгъэхэм и дзэр нэхъ макӀыу щытами текӀуэныгъэр къыхьу къыкӀыжьа. Лъэпкъым пкӀэшхуэ хуэашът, зы зауэ гуэрэм аргуэру хэта яуж езыри и къуэ дэкӀыгъуахэри уӀэгъэ хъуахэт, яужым и зэ икъуэр абыхэм илӀыкӀа. Аргуэру зы зауэм уӀэгъэ бжыгъэ хъуауэ мыхъужьурэ дунем ехыжьа.
Тыгъужъыкъуэ Къызбэч Тыгъужъыкъо ШэрэлӀыкъо Къызбэч | ||
Джэймс Белл итха сурэт | ||
| ||
---|---|---|
1810 — 1839 | ||
Япэ итар: | ? | |
Яуж ихьэр: | ? | |
Инджылыз Джеймс Белл Къэзбэчым и нэӀуасу щытар «адыгэхэм я лиуан» джоуэ еджэт. Яужым Еуропэм и хъыбар щынэсам а цӀэр къытена хъуа.
Къыздэхъуар
зэгъэзэхуэжын1777 гъэм Шорелъыкъуэ лъакъуэлъэшхэм я унагъуэм къэхъуа, Шапсыгъым, Адэгум и псыхъуэм дэт къуаджэ Беанашым (пэмыкӀыу къуаджэ хъыбархэм къаӀохур Нашъхьэ).
ЗекӀуэхэр
зэгъэзэхуэжынЗекӀухэм я нэхъыбэӀуэм текӀуауэ къигъэзэжьт Къызбэчым, ар лъэпкъым кӀэху къаӀохут, къэӀуэхугъуэм дэкӀыгъуи пкӀэ хуашъри хэхъуэт Къызбэчым. И гуп зекӀуэм ежьэм псалъэ хамылъхьу, гуфӀэгъуэкӀэ хэхьэн хэтми хьэзыру щытт.
1834 гъэм тӀо зекӀуэ ежьэри тӀоми текӀуауэ къигъэзэжьа.
Япэреуэ нэрыбгэ 700 хъу гупым шъхьэщыту Абын идежь Къызбэчым урыс пэштыхьыдзэ мин 14 000 хъур зэбгырихуа, а зауэм пэштыхьыдзэм щыщу нэрыбгэ 150 хэкӀуэда, Къызбэчым гу 7 ӀэкӀэхьа, Ӏэшэ ярылъу.
ЕтӀуану нэрыбгэ 900 хъу гупым шъхьэщыту япэрем нэхъри нэхъ ину щыта пэштыхьыдзэ гупым теуа, пэштыхьыдзэм адыгэ къуэджибгъум Ӏэнэмэту яубыдауэ яшэхэмрэ, мылъу къыдахауэ хъуамрэ къатрихри игъэзэжьа.
1837 гъэм нэрыбгэ 250 дэкӀыгъу Къызбэч Псыжъ и ижъырабгъум Ӏут урыс быдапӀэм теуа. Мэкъуауу абым Ӏута пэштыхьыдзэм щыщ шъауэхэр ирихухэри, нэрыбгэ 200 Ӏэнэмэту иубыдри ягъэзэжьахэ.
Къызбэч дзэзэшэ къуэдеуэ щытакъым. 1837 гъэм бадзэуэгъуэм и кӀэдзэгъуэм Къызбэч изакъуэ Николаевскэ быдапӀэм и хъумакӀуэхэм ятеуэри Ӏэнэмэту иубыдахэ, фончибгъу иштэри игъэзэжьа.
И зекӀу хъуамэ текӀуэныгъэ къихьтэкъым. 1830 гъэм щӀышылэм и 30 нэрибгэ миниплӀ гупу дэкӀыгъу станицэ Елизэветинскэм теуа, и дзэр амалыншэу А. Бескровнэм зэгуиуда. ПэмыкӀ зекӀуэм, абым текӀуэныгъэр къыдэшъауэКъызбэчым уӀэгъибл яшъа, икъуэ дэкӀыгъуахэри уӀэгъэ хъуахэт, куэд темыкӀыу и зы къуэр дунем ехыжьа.
Еплъ
зэгъэзэхуэжынТыгъужъыкъуэ Къызбэч теухуа уэрэд ит уикикъыхэхыпэм
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынМыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |