Республикэ Ищхъэрэ Ӏэсетиэ (ос-бз. Республикæ Цӕгат Ирыстон-Алани, урбз. Республика Северная Осетия-Алания) — Урысей Федерацэм хыхьэ республикэ. Къалэ нэхъышъхьэр Тэрч-къалэ.

Республикэ Ищхъэрэ Ӏэсетиэ
ос-бз. Республикæ Цӕгат Ирыстон-Алани
урбз. Республика Северная Осетия-Алания

Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и нып Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и дэмыгъэ
Республикэ Ищхъэрэ Ӏэсетиэ на карте России
Къэрал уэрэд: «Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и къэрал уэрэд»
Къалэ нэхъышъхьэ Тэрч-къалэ
И инагъыр

- Псори
- % псым иубыдыр

79-нэ

7987 км²
0,2

Джылэр

- Псори
- Джылэм и Ӏувагъыр

68-нэ

700 858 цӀыху (2010)
87,9 цӀыху/км²

ВРП

- Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ
- ЦӀыхум техуэр


57,9 млрд. руб. (2008)
82,4 мин руб.

Федерал куейхэр Ищхъэрэ-Къаукъаз
Эконом куейхэр Ищхъэрэ-Къаукъаз
Нэхъышъхьэбзэр осетиныбзэ, урысыбзэ
Республикэм и тхьэмадэр Мамсурхэ Теймураз
Премиер-министр Николай Хлынцов
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэм и тхьэмадэ Хъабицэхэ Лариса
УФ-м и къэралым и кодыр 15
Зэманыгъуэр MSK (UTC+3)
Ищхъэрэ Ӏэсетиэ Уикисурэтылъэм

Ищхъэрэ Ӏэсетиэр Ищхъэрэ Къаукъазым хэт и гъунапкъхэр: къуэхьэпӀэм — Къэбэрдей-Балъкъэрым Ӏохьэ, Ищхъэрэ — Ставропол къэралым, къуэкӀыпӀэм — Ингушымрэ Мычгышымрэ, ипшъэм — Курджымрэ ныкъуэ къэлъытэ Ипщэ Осетиэмрэ. Къэралым и шӀыпӀэр 7987 км² мэхъур.

ШӀыр — ишъхъэрэмкӀэ губгъу щыт, ипшъэмкӀэ — къуэкӀэбгыкӀэ. Хьэуар — курыт-континенту щыт, курыт температурэр щӀышылэм — −5° С, мэкъуауэгъуэм — +24° С, къэхыр — 400—500 мм гъэм.

Къэралым и шӀым сэбэпыгъуэ куэдхэр хэлъ — джэз, дыжьын, известняк, пэмыкӀхэр джоуэ.

Псы нэхъ инхэр — Тэрч, Фиагдон, Ардон, Гизелдон, Урыху.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Ӏэсетиэм и тхыдэ

Лъэхъэнэ курытхэм Ищхъэрэ Ӏэсетиэр къэрал Аланиэм хэхьэт. Монгол пхырыкӀыгъуэм яуж 1238—1239 гъэхэм Аланиэр къэрал хуэду хэкӀуэда, и джылэр къушъхьэхэм дэкӀахэ захъуму.

1774 гъэм Ӏэсетиэр Урысей империэм хохьэ. 1784 гъэм Дариял къуэм и гъунэгъу быдапӀэ Тэрч-къалэ халъхьэ, яужым Тэрч хэкум и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.

Жэпуэгъуэ револуциэмрэ советхэм я ӀэнатӀэмрэ Ищхъэрэ Къаукъазым къыхьа яуж 1920 гъэм Ӏэсетиэр тӀууэ ягуэч — ишъхъэрэ лъэныкъуэр УСФСР-м къонэ, ипшъэрэ лъэныкъуэр Курджы ССР-м хохьэ. 1921—1924 гъэхэм Ищхъэрэ Ӏэсетиэр Къущхьэ АССР-м хэта. Къущхьэ АССР-ыр зэхагъэкӀа яуж, лъэпкъ автономиэхэр яшъу, Ищхъэрэ-Осетиэ автоном куей хъуа, 1936 гъэм Ищхъэрэ-Ӏэсетиэ АССР хъуа.

Къэралыгъуэ зауэшхуэм щыгъуэ, Ищхъэрэ Ӏэсетиэм и шӀыпӀэ нэхъыбэр джэрмэныдзэм оккупациэм иӀыгъа, Тэрч-къалэ и ӀухьэпӀэм идежь къыздагъэувэӀэфахэр.

Ингушхэмрэ Мышгычхэмрэ ирагъэкӀа яуж Ищхъэрэ Ӏэсетиэм Мышгыч-Ингушейм и хэку гуэрэхэр хуагъэкӀуа.

1990 гъэм Декларациэ къыдагъэкӀ къэрал хуитыныгъэм теухуауэ. РССЗ-р зэхэкӀа яуж, Ищхъэрэ Осетиэр Урысей Федерациэм къыхэна. 1992 гъэм Пригороднэ куейм зауэ къэжьа осетинхэмрэ ингушхэмрэ я шӀы зэпэубыдыгъэм къыхэкӀауэ. Абым и иухыгъэмкӀэ ингушхэм я нэхъыбэр Пригороднэ куейм дэкӀын хуэй хъуахэ.

2004 фокӀадэм и 1, еджэщ 1-ер Беслан къалэм террористхэм яубыда, сабыйхэмрэ, сабыйхэм я адэхэмрэ ядэкӀыгъу (псори нэрыбгэ 1128 хъууэ). Къагъэуахэмрэ урысыдзэхэм штурм ирагъэкӀуэкӀахэмрэ яуж анэмэтхэр къаутӀыпщыжьа, ауэ, нэрыбгэ 300-ым фӀэкӀыу хэкӀуэда, нэрыбгэ 700 уӀэгъэ хъуахэ.

 
Ипщэ Ӏэсетиэм и шӀыпӀэтхыпхъэ
 

Урысей къэралпсо джылэ бжыгъэ 2002 гъэм ирагъэкӀуэкӀамкӀэ, Ищхъэрэ Ӏэсетиэм джылу дэсыр 710275 цӀыху къыкӀэкӀа[1]. Лъэпкъ хэсхэр[2]:

Лъэпкъ Бжыгъэр, цӀыху %
Ӏэсетинхэр 445,3 60,7
Урысхэр 164,7 23,2
Ингучхэр 25,4 5,0
Ермэлыхэр 17,1 2,4
Къумукъухэр 12,7 1,8
Курджыхэр 10,8 1,5
Псори 710275 100

Администрациэ гуэшыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

АдминистрациэкӀэ Ищхъэрэ Осетиэр куей 8 мэгуэч, зы къалэ республикэ ӀэнатӀэм кӀэту (Тэрч-къалэ). Куейхэр:

Хэкур: Администрацэм и къалэр:
 

Администрациэ гуэшыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ
Алагир куей Алагир
Ардон куей Ардон
Дигора куей Дигора
Ираф куей Чикола
Кировскэ куей Элхотово
Мэздэгу куей Мэздэгу
Правобережнэ куей Беслан
Пригороднэ куей Октябрьское

Гулъытыгъуэ

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын