Нартсанэ
Нартсанэ (урбз. Кисловодск) — Урысейм хэт Ставропол къэралым и къалэ. ЗыгъэпсэхупӀэ къалэхэм ящыщ. Ӏуашъхьитху хьэблэхэм я зы. Шъэт-Къалэм км. 234 пэщыл, Къаукъазышхуэм и Ӏуашъхьэ лъабжъэхэм якӀэту ишъхърэ лъэныкъуэмкӀэ. Урысхэр щытӀысар а шӀыпӀэм 1803 гъэм, абы ипэкӀэ а шӀыпӀэм къэбэрдей лъэпкъымрэ абазэ лъэпкъхэмрэ я гъунапкъэр ирикӀуэт, Джэнтемыр абазэ пщыхэм я шӀыпӀу иубыду нэхъыбэр.
Къалэ
Нартсанэ
|
Къалэм джылу дэсыр 149, 496
И инагъыр 71,83 км²
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынНартсанэ Ставропол къэралым ипшъэ лэныкъуэм хэт, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гъунапкъэхэм Ӏуту, Ӏуащхьэмахуэ км 65-кӀэ пэщылъу, ГумцӀыкӀу и псыхъуэм дэту.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынМыекъуапэ Къэралыгъуэм (ди лъэхъэнэм ипэкӀэ 3500-1200) къыщыкӀэдзауэ Нартсанэ и шӀыпӀэм цӀыху исахэ, Мыекъуапэ Къэралыгъуэм яуж Ишъхъэрэ-Къаукъаз лъэпкъхэр къохьэхэ; яужкӀэ Къубан културэм щыщхэр; абыхэм яуж иту кӀуэхэр Аланхэр; XVI лъэхъэнэм щыщу адыгэ-абазэ лъэпкъхэм ящыщ сынхэр, кхъэ Ӏуашъхьэхэр къалэм ихъуреягъ шӀыпӀэхэм къыщагъуэтыр тхыдэ-Ӏазэгъуэхэм. XIX лъэхъэнэм адыгэ-абазэ лъэпкъхэр щопсоу къалэм и шӀыпӀэм (къэбэрдейхэмрэ, (тапанта) ашуахэмрэ)
1803 гъэм урысхэм быдапӀэ халъхьэ Нартсанэм и псынэхэм ядеж.
Лъэпкъ дэсхэр
зэгъэзэхуэжын- Урысхэр - мин 94, 415 (70 %)
- Ермэлыхэр - мин 17, 496 (12,96 %)
- Къэрэшейхэр - мин 12, 475 (10,15 %)
- Украинхэр - мин 2, 951 (2,27 %)
- Абазэхэр - мин 2, 596 (1,97 %)
- Курджы - мин 1, 364 (1,05 %)
Абыхэм пэмыкӀыу дэсхэр: адыгэхэр, алыджхэр, мычгышхэр, осетинхэр.