Бэлут
Бэлут — филипинхэм шхыныгъуэ нэхъ цӀэрыӀуэхэм ящыщ зы — псы шугъэм ягъэва бабыщ джэдыкӀэщ. Ауэ ар зыгъэщӀагъуэр нэхъри и кӀуэцӀым кугъуэ гъуэжьым ипӀэкӀэ джэдыкӀэ бынжэ зэфӀэува зэрыилъыр. А бынжэр и теплъэкӀэ бабыщ шыр сурэтщ, и пэри и цыри зэтеувауэ щытщ. Бынжэм и хъуреягъкӀэ шырыр зыгъэпсэу джэдыкӀэпсымырэ нэгъуэщӀ пкъыгъуэхэри илъщ. А шхыныгъуэр Азиэ ныкъуэм ешхыр. Нэхъ щыцӀэрыӀуэр Виетнамымрэ Филипинхэмырэ. Урысейми Еуропэми здащэ пӀэхэри иӀэщ. Ауэ а джэдыкӀэхэр Азиэм къырашыу дунейпсом ягъэцӀэрыӀуэну Ӏейуэ мис иджы мурад Филипинхэм щызэрахьэр. Езы Филипинхэм ар зышхыр нахъыбэм цӀыхухъухэращ. Сытым щхьэкӀэ? — жыпӀэмэ, — ар лӀым и къарум хуэсэбэпщ.
-
Бэлутыр ныкъуэ гъэвауэ
-
ДжэдыкӀэ бынжэр фӀыуэ плъагъуу
-
Бынжэр махуэ 15-м и набжьым итыу ягъэвауэ соя шыпсым хэлъыу
-
Бэлут укъэбзар Хъутейм щащэр
-
Бэлутыр ешх