Дамэ
Дамэ — къуалэбзум (апхуэдуи гъудэбадзэм, шэрыпӀ лӀэужьыгъуэ гуэрэхэм, псалъэм папщӀэ дзыгъуэнэфхэм) я пкъым щыщ Ӏыхьэ тӀуащӀэу зэрылъатэрщ.
ЗэфӀэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынДамэ къупщхьэхэр икъукӀэ быдэу зэрыӀыгъщ, лъэтэнымкӀэ мыхьэнэ ин дыдэ зиӀэ къабзийхэр егъэбыдылӀауэ. Дамэхэр адрей пкъыгъуэхэм елъытауэ нэхъ щӀэгъэхуабжьауэ зэрылажьэм къыхэкӀыу абым япха лыпцӀэхэр лъэщщ.
ЩӀэнхабзэм
зэгъэзэхуэжынКъуалэбзу дамэм цӀыхум и щӀэнхабзэм щӀагъыбзэ мыхьэнэ ин щиӀэщ. Адыгэм хъыбарыфӀ гуэрэ зэхахмэ, е Ӏуэхум щехъулӀэмэ «дамэ къатокӀэ», я щыӀэкӀэм зи пщэ умыкӀуэжын щытыкӀэ егъуэт, псэр нэхъ быдэ мэхъу.
Ижьырей алыдж псысэжьхэм я деж дамэхэм псэр зыхэт пкъым нэгъуэщӀ теплъэ ират. Апхуэдэщ дамэ зытет тхьэхэр, уафэмрэ щӀымрэ я зэхуакум дэт тхьэм и лӀыкӀуэхэр; псысэхэм уащыхуозэ дамэ зытет псэущхьэ къэгупшысахэу пегас, феникс, сфинкс, сирен, гарпий, грифон нэмыщӀхэми.
Дамэр, дамэхэр — ижь-ижьыж лъандэрэ псынщӀагъэм я дамыгъэщ, ди нобэми авиациэм, аутотранспортым, гущӀгъуэгум я дэмыгъэщ, я теплъэкӀэ зэрызэщхьэщыкӀыр мащӀэу. Е 18-19 лӀэщӀыгъуэхэм дамэми теплъэхэр зэмыфэгъуурэ къагъэсэбэпт зыгуэрым дэӀэпыкъуным, хуэфӀыным, нэӀэ тегъэтыным, нэфӀ щыхуэным я дэмыгъэу: фӀыцӀэр — бгъэ дамэт, пащтыхь нэфӀым и дамыгъэт; хужьыр — Тхьэм и нэфӀ къыпщихуэным ейт; дамэ дыщафэр — къаралъыгъуэ дамэгъэт. Е 18-19 лӀэщӀыгъуэхэм лъакъуэ ныпхэм/дамыгъэхэм хагъэувэ дамэ теплъэхэм емышыным, лъэрыхьагъым я дэмыгъэт.
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Сурэтхэр Уикисурэтылъэм? |