Дамэ къабзийхэр — къуалэбзум и дамэм къытекӀэ къабзий пхъышэхэращ.

Ахэр зэхуэдизкъым я инагъкӀэ. Дамэ къупщхьэкӀэм (ӀэфракӀэм) егъэбыдылӀахэр нэхъ кӀыхьщ, блыпкъым ейхэм нэхърэ. Дамэ къабзийхэм я гущӀыӀу къытелъыжьщ нэхъ щабэ дамэцхэр. Къабзийхэм дамэр ткӀий ящӀ, къуалэбзум зиӀэтынымкӀи дэӀэпыкъуэгъу ин хуохъу. Я бжыгъэкӀэ зэщхьэщокӀ къуалэбзур зыщыщ лӀэужьыгъуэм, хэкӀыгъуэм елъытауэ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.