Индустриал револуциэ (Индустриал револуциэшхуэ) — мэкъумэш лэжьыгъэ экономикэм и хэкӀыгъу индустриал лэжьыгъэм и пыхьыгъу хъуа зэманыгъэ тхыдэм, абым дежь Мэкъумэш лъэпкъэгуъур трансформациэ мэхъур индустриал хъууэ. Индустриал зэхъуэкӀыгъуэр къэрал къэс зэманкӀэ зэтемыхурэ екӀуэкӀахэ, ауэ гулъытыгъу абы и зэманыгъуэкӀэ уеджу хъунур XVIII лъэхъэнэм и етӀуанэ лъэныкъуэм щыкӀэдзауэ XIX лъэхъэнэм и япэрей ныкъуэм нэс. Гулъытэгъу индустриал револуциэм епт хъунур лъэжьыгъэм и къэрур куэдкӀэ зэр хэхъуар, машинэ индустриэм и къышъхьэпэгъуэкӀэ, абым пэмыкӀыу капитализымым дуней ӀэнатӀэгъуэр ишта, мэкъумэш системэ зэхэтыкӀэм.

Уатт Дж. къигупшыса бэкхъ машинэ.

Псалъэ "Индустриал револуциэр" шъэныгъэм къэзгъэсэбэпар цӀэрыӀуэ, бэлыхь фрэндж хулъхугъэ шъэныгъэ лъэжьыгъэр Бланки Жеромыра.

Индустриал револуциэр механикэ къэгъэсэбэпыгъуэ къуэдем епхакъым, лъэпкъэгъум и зэхэтыкӀэ псоми зызэрихъуэкӀа хъуа. Лъэжьыгъэ къэрур куэду хигъахъуэт, урбанизациэр нэхъ кӀэху екӀуэкӀт, экономикэр кӀэху хэхъуэт, джылэм я псоукӀэр нэхъыфӀ хъут. Индустриал револуциэм лъакъуэ 3-5 хуэдизым зэфӀэкӀыгъуэ ярита мэкъумэш лэжьыгъэр къагъану лъэпкъэгъухэм къалэ лъэпкъэгъу зэфӀэувэнэху.

Индустриал револуциэм и тхыдэр

зэгъэзэхуэжын

Индустриал револуциэр Инджылызым къежьат XVIII лъэхъэнэм и кӀэм, XIX лъэхъэнэм и пэм деж дунейпсор зэкӀышта хъуа (Еуропэмрэ Америкэмрэ я къэралъхэм къаублауэ).

XVII лъэхъэнэм Инджылызым дунейпсом и нэхъ лъэш къэрал мануфактурэмкӀэ щыта Голандиэм япэ иува, куэд темыкӀауэ а пӀэр дуней щэхуэнымрэ колониал экономикэмрӀэкӀи япэрей хъуа. XVIII лъэхъэнэм икум дежь Инджылызыр япэрей копиталисту къэрал мэхъур. И экономикэ зэфӀэтыкӀэмкӀэ адрей еуропей къэралхэм япэ иува хъуа, лъэпкъэгъум и экономикэ зэфӀэувэныгъэм шъхьэкӀэ зэхуэныкъу хъуар иӀу а зэманыгъуэм - лъэш машинэ къэдэгъэкӀыгъуэ.

Дунейпсом и тхыдэм индустриал револуциэр зэрапхыр бэкхъ машинэ къызэрагупшысам, Британиэшхуэм XVIII лъэхъэнэм и етӀуанэ ныкъуэм. Апхуэдэ къэгупшысыгъуэм хъэрзынэ къыхэмыкӀынкӀи хъунут (абы хуэныкъуэ техникӀэ шъэныгъэхэр япэкӀи яшъэт), ауэ а зэманыгъуэм инджылыз лъэпкъэгъур хуэхьэзыру щытт и экономикэр къигъэкӀэрэкӀыну зэрыпсоуэ. Ар зэпхатэр а зэманым Инджылызыр хабзэ лъэпкъэгъум хэкӀауэ лъэпкъэгъу лъэш щэхуэным хэхьауэ. Абым пэмыкӀыу Инджылызым мылъкукӀэ хуэныкъуэгъу иӀэтэкъым (дунейпсом и нэхъышъхьу щытт щэхуэнымкӀи, колониэ бжыгъи иӀэт),

Британиэшхуэм и индустриал револуциэр шэкӀ индустриэкӀэ ежьа. 1733 гъэм . 1738 гъэм машинэ къагупшыс уданэ зэху цӀыхум и лэжьыгъэ хэмыту. 1771 гъэм Кромфордым дежь цейпшъэ фабрикэ лэжьэн кӀедзэ Аркрайт ицӀу, а машинэхэм я чэрхъыр псым игъэлажьэт. 1780 гъэм Инджылызым апхуэдэ фабрику 20 дэтт, илъэсипшъ текӀауэ 150 нэс хэхъуахэ, апхуэдэ фабрикэхэм я нэхъыбэм 700-800 цӀыху щылажьэт[1].

Яужым псы шэрхъыр бэкхъ машинэкӀэ зэрахъуэкӀыу кӀадза. 1775 гъэмрэ 1800 гъэмрэ я зэхуакум Уаттымрэ Болтонымрэ я фабрикэхэм бэхъ машинэ 84 къыдагъэкӀ чэсей фабрикэхэм шъхьэкӀэ, 30 - цы шэкӀхэм шъхьэкӀэ, 30 - фӀэмыкӀ къыкӀэхыным тегъэпсыхьауэ, 22 - джэзым, 28 - гъушӀ фабрикэхэм шъхьэкӀэ[2].

Мэшынэхэм я бжыгъэ хэхъуэм гъушӀ хуэныкъуэгъуэри нэхъ ин ишъа. 1735 гъэм фӀамыкӀымкӀэ япэреуэ къыхах шыгун. 1784 гъэм Кортым егъэзанкӀэ лэжьыгъэ гущӀ къыхэхынымкэ. Псыхэжхэр яшъын кӀадзэ, абыхэмкӀэ фӀамыкӀрэ гъушӀрэ зэрачэ[1].

Гулъытэгъуэ

зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot