Кабу-Бранку
Кабу-Бранку (порт-бз. Cabo Branco — «къуапэ хужь») — Бразилэм и къуапэ, Жуан-Песоа къалэм километрийкӀэ и нэхъ ипшэ-къуэкӀыпӀэкӀэ щылъщ. Къуапэр 1500 гъэм еуропэхэм ящыщу эспан хыерс Диегуэ Лепе зэӀуихауэ щытащ, япэуи фӀищауэ щытащ къуапэм Сан-Агустин. Къуапэм и пэм деж маяк тетщ къуапэр Ипшэ Америкэм и къуэкӀыпӀэ кӀэух пӀэр къигъэлъагъуэу, ауэ иджы къызэрабжамкӀэ континентым и нэхъ къуэкӀыпӀэ пӀэуэ щытыр Кабу-Бранку и гъунэгъуу щылъ Сейшас къуапэращ. Ар апхуэдэу щэхъуар хы эрозиэм къуапэр зэригуэлъэсыкӀаращ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Бразилэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |