КъуэкIыпIэ-Сыбыр Хы
КъуэкIыпIэ-Сыбыр Хы (урбз. Восточно-Сибирское море, як-бз. Илин Сибиирдээҕи байҕал) — Урысейм и ишхъэрэ Iуфэм деж Iулъ, Арктикэ Хышхуэм и кIэух хы. Хыр Новосибирск тIыгухэмрэ Врангел тIыгумрэ я зэхуакум дэлъщ.
КъуэкIыпIэ-Сыбыр Хы | |
---|---|
![]() | |
Здыхэтыр: | Арктикэ Хышхуэ |
Инагъыр: | 944 600 км² |
Ихуэр: | 60 700 км³ |
Кууагъ нэхъ иныр: | 358 м |
Кууагъ курытыр: | 66 м |
Псы хэлъадэхэр: | Индигиркэ, Колыма |
![]() |
Юлий Шокалский и лъэIум къыхэкIыу, Урысей хэкумэтх зэхуэсым хым и цIэр фIищащ 1935 гъэм, а гъэ дыдэми къэралым а цIэр хым триубыдащ. XX лъэхъэнэр къихьэх хым иреджэу щтащ ИндигиркэкIэ е КолымакIэ.
ХэкумэтхEdit
Хым и инагъыр 944 600 км² мэхъу. И нэхъу ин кууагъыр 358 метрэм нос, кууагъыр 66 метрэ мэхъу.
Хыр IузэвхэмкIэ епхащ хы Чукоткэмрэ, хы Карскымрэ. Хы Iуфэр и кумкIэрэ и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэрэ захуу щытщ, псы ирижэхэм къуэр далъэсыкIауэ. А Iуфэм деж пшахъуэ зэтехьапIэрэ тIыгурэ куэду Iулъхэщ. КъуэкIыпIэ IыхьэмкIэ Iуфэр джабэу щытщ, абдежым дей иIэ Iуфэ гуэхупIэхэм я лъэгагъыр 400 метрэм фIеху. Псом нэхъ нэхъ джабэу щытыр Врангел тIыгуращ, абы и Iуфэр псори джабэ защIэу щытщ.
Хым и нэхъыбапIэ Iыхьэм илъэс псом мылым зэщIищтауэ иIыгъщ. Гъэмахуэм деж Iуфэм деж Iулъ мыл тIыкIуращ ткIужыфыр, адрей хы Iыхьэм деж мылыр зэри ткIужкъым.
Шаууагъыр хым и Iыхьэ зэрызхэм Iейуэ зэщхьэщокIхэр, апхуэдэ хы Iуфэм деж псым и шууагъыр 5 промил хъууращ, хым икухэм деж шууагъыр 30 промилэм нэс докIуей. Апхуэдэу зэщхьэщыдзэихуэ абы щиIэр, хы Iуфэм деж, псы къабзэ ин куэд зэрыхэлъадэращ.
Хым хэлъ тIыгухэм нэхъ инхэщ — Новосибирск, Лах, Де-Лонг тIыгухэращ. Хым икум тIыгу зыри итыхэкъым.
Нэхъыщхьэ портыр — Певек къалэращ. Хым псэущхьэхэм ящыщу, куэду хэсхэщ туленхэмрэ моржхэмрэ.
Псы хэлъадэхэрEdit
Хым кIэщIхэми, псы псыкуэд холъадэхэр. Абы хэлъадэ псыхэм нэхъ иныр — Индигиркэ псыращ. Абы нэмыщI нэхъ ин псыхэм хэббжэ хъунущ Колыма псыр. Абыхэм нэхърэ нэхъ жьгъейхэу псы Iэджи абы холъадэхэр.
Iуфэм деж хыжьэ куэд дэбзыкIа хым иIэщ, абыхэм ящыщу нэхъ инхэщ — Чаун, Омулах, Хром, Колыма хыжьэхэр.
Хы лъэгум и релефEdit
Хыр зэрыщыту континетал шелфым телъщ. КъуэкIыпIэ IыхьэмкIэ хым и кууагъыр 54 метрэм нос, икумрэ къухьэпIэ лъэныкъуэхэмкIэрэ хым и кууагъыр 20 метрэм щIигъу къудейуэращ. Хым и ишхъэрэ IыхьэмкIэ кууагъэхэр 200 метрэм фIеху. Псом нэхъ нэхъ куу дыдэ пIэр хым и ишхъэрэ пIэм деж хозэ. А пIэм деж хым и кууагъыр 915 метрэм нэс йох.
Температурэ режимEdit
Хыпсым и температурэхэр Iейуэ мащIэхэщ илъэс псом. И ишхъэрэ IыхьэмкIэ температурэр илъэс псом −1,8 °C фIэкIкъым. И ипшэ IыхьэмкIэ, Iуфэм Iулъ псыхэм я температурэр гъэмахуэм +5° нэс докIуей. Псом нэхърэ нэхъ хуабэ хыр щыхъур гъэмахуэм и кIэм деж, апщыгъуэхэм псыпэхэм деж температурэр +7°С нос.
ТехьэпIэхэрEdit
- Восточно-Сибирское море А. Д. Добровольский, Б. С. Залогин. я тхылъ. «Моря СССР». 1982 гъэ.
ЛитературэEdit
- Шамраев Ю. И., Шишкина Л. А. Океанология. Л.: Гидрометеоиздат, 1980 гъэ.