Леонардо да Винчи (урым-бз.: Leonardo da Vinci, 1452 мэлыжъыхьым и 15 — 1519 нэкъыгъэм и 2) — урымым щыщ цӀэрыӀуэ, шъэныгъэм и лэжьыгъэ (физикэ, математикэ, меканикэ пэмыкӀхэми), искуствэм и лэжьыгъэ (художник, скулптор) Ӏэшъагъэлэжьыгъэ.

Леонардо да Винчи
урым-бз. Leonardo da Vinci
Сурэт
И лэжьыгъэр: художник, скулптор, шъэныгъэлэжьакӀуэ, Ӏэшъагъэлэжьыгъэ
Къыщыхъуар: 1452 мэлыжьыхьым и 15[1][2][3][4]
Къыздэхъуар: Винчи, Флоренциэ
Дунейм щехыжар: 1519 накъыгъэм и 2[1][2][3][5] (67 гъ.)
Дунейм здехыжар: Клоу быдапӀэ, Амбуаза и гъунэгъу, Фрэнджым
Диныр: Чыристэныгъэ
Лъэпкъыр: Италян
ӀэпэкӀэдзыр:

Гъашъэм и тхыдэр

зэгъэзэхуэжын

Винчи къалэм, Флоренциэ идежь къэхъуа. 1469 гъэм ядэм дэкӀыгъу Флоренциэм мэкуэчхэ, абдежьым 1476 гъэм нэгъунэ Вероккио Ӏэшъагъэунэм мэлажьэхэ. Абдем зырегъашъэ гуманитархэмрэ текникэ шъэныгъэхэм. 1473 гъэм Леонардо квалификациэ къырат Аущ Лукэ и Гилдиэм мастер хъуауэ. 1480 гъэм езым и Ӏэшъагъэунэ зэӀуэхыр. 1482-1499 гъэхэм Милан дэс, и лэжьыгъэ нэхъ цӀэрыӀуэхэр здишъыр абдем дежь.

1512 гъэм Рум дотӀысхьэ, Рум Адэм и ӀэнатӀэпӀалъэм кӀэту, 1516 гъэм Фрэнджым макӀуэ, пщым идежь ходожникурэ инженерурэ лажьу. Фрэнджым дежь Ӏэрызехьэ мэхъу, и Ӏэр мыхъужьу, изакъуэ ерагъу зекӀу.

Клу быдапӀэм идежь дунем ехыжьа (Фрэнджым).

Леонардо нэхъ зыпылътэр шъэныгъэмрэ инженериэмрэ, лэчтхыгъэм макӀэ зэрелэжьтэр. Лэчлэжьыгъэхэм я бжыгъэр куэд хъукъым, я ныкъуэр кӀуэда иэ зэӀыхьэуэ щытхэ.

Ӏэшъагъэ бжыгъэ къыгупшыса Леонардо - кӀэрахъуэ зэрыдзэ фонч кӀэкӀым шъхьэкӀэ, прожектор, Ӏэрзехьэ зауэ лъэмыдж, абым пэмыкӀыу и тхыпхъэ къагъуэтахэмкӀэ и лэжьыгъэм хабжэхэр: паращут, велосипед, лъатэ макинэхэр.

Гулъытэгъуэ

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын