Мерчисон (къуапэ)
Мерчисон (ин-бз. Murchison Promontory) — Канадэм и ишхъэрэкӀэ щыӀэ ныкъуэтӀыгу щӀыкӀэу щыт къуапэ. Ишхъэрэ Америкэм и континентал Ӏыхьэм и ишхъэрэ дыдэ кӀэух пӀэ[1][2]. Ахэм нэмыщӀ къуапэр дунейм и нэхъ ишхъэрэ дыдэ пӀэхэм ящыщщ. Къуапэм щыщӀэдзауэ Ишхъэрэ полусым нэс километрэу 2 013 дэлъщ.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынКъуапэр Канадэм и щӀыпӀэ Нунавутым хеубыдэр. Ар абы ищхьэмкӀэ щыӀэ ныкъуэтӀыгу Бутиэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэм деж телъщ. Къуапэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэм ироджэ Зенит пойнткӀэ[3].
Къуапэр Беллот Ӏузэвым и ипшэ Ӏуфэм деж Ӏулъщ, Сомерсет тӀыгум 250 километрэкӀэ къыгуэгъщхьэхукӀауэ.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынЩӀыпӀэр япэу къаплъыхьауэ щтащ канадэ капитан Уиллиам Кеннедирэ фрэндж плъыхьакӀуэ Джосеф Рене Беллотрэ, Джон Франклин и экспедициэр прагъэхыри[4][5]. ИужькӀэ Беллот и унэцӀэр къуапэм деж Ӏулъ Ӏузэвым фӀащащ.
1858-1859 гъэхэм щӀымахуэм Френсис Леополд МакКлинтон и унафэ щӀэт ирлэнд гупым, къуапэм деж щӀымахуэр щрахауэ щытащ Франклин и экспедициэр къалъыхъуэу[6].
1937 гъэм Шотлэндым щыщхэм япэу къуапэм кхъухькӀэ къыпекӀуэкӀауэ щытащ[7].
Гулъытэгъуэхэр
зэгъэзэхуэжын- ↑ Querying Geographical Names of Canada at Natural Resources Canada (индж.)
- ↑ Murchison Promontory at the Atlas of Canada (индж.)
- ↑ Somerset Island at Oceandots (индж.)
- ↑ Francis Leopold McClintock at the Dictionary of Canadian Biography (индж.)
- ↑ The Columbia Gazetteer of North America 2000 (индж.)
- ↑ Bellot Strait at The Canadian Encyclopedia (индж.)
- ↑ University of Calgary, Scotty Gall