МутӀыхъуасуа (ур-бз.: Пластунка) — Урысейм, и Краснодар къэралым Щачэшхуэм хэт Хьуэдз куейм щыщ хьаблэ. Щачэпсым и псыхъуэм дэт

Тхыдэр зэгъэзэхуэжын

Урыс-Къаукъаз зауэр имыух кӀышъэ ижьыгъурабгъу ӀуфэмкӀэ щыӀа хьаблэ лъэныкъуэр убых хьаблэ нэхъ иным хэту щыта, Бэрзэдж лъэпкъым яуэ. МутӀыхъуасуа-хьаблэр Псыхэ къыздыкӀэж шӀыпӀэм нэгъунэ нэсыт. Хьаблэм ипшъэ лъэныкъуэм ( Япэрей ДэхьапӀэ, Гупэ ДэхьапӀэм идежь ? ) ТхьалъэӀу жыг - Къэдабэщиху къэкӀт, 1920 гъэ нэс ита а шӀыпӀэм, яужм ираха. А жыг кӀагъым идежь гъатхэпэмазэм икӀэм, 1864 гъэм адыгэм хасэ здырагъэкӀукӀар, я тхьамаду Бэрзэдж Карантыхъу. А хасэра унафэ къызхэкӀар убыху хъуар шӀыналъэм икӀыну.

Япэрей ДэхьапӀэ, Гупэ ДэхьапӀэ зэгъэзэхуэжын

Япэрей ДэхьапӀэ, Гупэ ДэхьапӀэ шхуӀар - псыхъуэм идежь къурщытӀ лъэныкъуитӀымкӀэ зэхуэзэт, дэхьапӀэм ехьчу. Мывэ къыхахурэ, къалэ щашьым къуршъхэр ираха.

1865 гъэм иджырей МутӀыхъуасуам идежь къэзакъхэм я унагъуэхэр тӀысын кӀадза. Хьаблэм Пластунка траӀуэ. 1881 гъэм къыщыкӀэдзауэ 1894 нэгъунэ курджы унагъуэ 80 хуэдиз дотӀысхьар.