Бэрзэджхэ
Бэрзэджхэ (уб-бз.: Барзагь) — убых пщы-лъэпкъ. Лъэпкъ-унэр убых хьаблэ нэхъ ин МутӀыхъуасуам дэтт. Бэрзэдж лъэпкъыр убыххэм ямызакъуэ адрей лъэпкъ гъунэгъухэми къалъытэт фӀыуэ. XIX лъэхъэнэм Бэрзэджхэм цӀэрыӀуэ куэд къахокӀыр Ипшъэ Къаукъазым щымыхъу Урысейми, Британиэшхуэми, Тыркуми къацӀыхухэу.
Бэрзэджхэ | |
---|---|
УнагъуэцӀэр къезгъэжьар: | |
Здэпсохэр: | Тыркуей |
ӀэнатӀэпӀащхьэр: | Лъакъуэлъэш |
КъызхэкӀ щӀыпӀэр: | |
УнагъуэцӀэ къыхэкӀахэр: | Бэрзэдж (Къэбэрдей) Бэрзэдж (Абдзах) |
Лъэпкъым я жыгыр: | Къэдабэщиху |
Унэкъуэщхэр: | Уэблагъуэхэ |
1830 гъэхэм ядежь Бэрзэдж лъэпкъыр унагъуэ 400 хъут, унагъуэ къэс пщылӀ унагъуу 5 къыщыкӀэдзауэ 20 нэсу яӀау. Апшуэду Бэрзэдж унагъуэ къэс зауэм, зекӀуэм шъауэ-гъусу и пкӀантӀэм 150 гупу къыдигъэкӀыфынут, лъэпкъ псом нэрыбгэ 3 000. Я ӀанатӀэр нэхъри быдэ зышътэр шапсыгъ лъакъуэлъэш Шапакъуэхэмрэ абыхэмрэ зэрзэгуэттэр.
1845 гъэм нэгъунэ нэхъышъхьу тетар Ажьи Адагуа-Икъуэ Бэрзэдж, абы яуж теувар Ажьи Керантыхъу-Бей Бэрзэдж.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |