Убыхыбзэ (уб-бз. tʷaχəbza — туахэбза) — дунем темытыжь бзэ, абазэ-адыгэбзэ унагъуэм я щыщ. Убых лъэпкъым яуэ, 1990 гъэм нэгъунэ ирапсалъу.

Убыхыбзэ
Зэрзэджэр: tʷaχəbza
Къэралхэр: Убых хэку, XIX лъэхъэнэм и кум щыкӀэдзауэ Тыркум
Хэкухэр: Къаукъазым хы ФӀыцӀэм Ӏулъ Ӏуфэр, Тыркум — Балыкесир
Дунем тетыжькъым: 1992 гъэм Тевфик Есенч дунем ехыжьа — яужырей бзэр зышъу къэнэжьатэр
Классификациэ
Категориэ: Еуразиэм и бзэхэр
Ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта)
Абазэ-адыгэ унагъуэбзэ
Тхыбзэр: Тхыбзэншэ
Бзэ кодхэр
ISO 639-1:
ISO 639-2:
ISO 639-3: uby

Убыхыбзэр здызэфӀэувауэ драпсалъэтэр Хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм, Ишъхъэрэ Къаукъазым, иджыпсту урысыбзэ здызэрахьэ лъэныкъу щыт ПсышӀуап (Лазаревскэ), Курыт, Хъуэпсэ къедзыгъуэхэр Щачэ-къалэм. 1860 гъэхэм Къаукъаз зауэр щыухым идежь Убых лъэпкъыр Тыркум ирагъэкӀа. Мы куэду, къэнэжьа тӀэкӀур адыгэ иэ абазэ къуаджэхэм хагъэтӀысхьурэ яхэгъуэщыхьахэ. Апхуэдурэ убыхыбзэм и шӀыналъэр фӀэкӀуэда.

Убыхыбзэр зышъэжьу икӀэм изакъу къэнэжьа Тефик Есенчыр 1992 гъэм дунем ехыжьа Тыркум щыпсэуауэ.

Убыхыбзэр зэрагъэшъагъуэр и фонетикэмкӀэ - 84 согласнэ макъу иӀа (абыхэм плӀыр мы убыху, псалъэ хамэхэм шъхьакӀэ, бзэм къыихьахэр), гласну тӀу къуэдей ( «а» кӀыхьу «а» кӀэкӀыу ). Убыхыбзэм нэхъыбу согласнэ зиӀа бзэуэ яшъэр "койсаныбзэхэм" Ипшъэ Африкэм щыпсоу лъэпкъхэм ябзэхэра.

Тхыпкъылъэхэр

зэгъэзэхуэжын

Латин тхыпкъэхэмкӀэ зэхэгъувар —

А а Ә ә B b Bƹ bƹ C c Ç ç Ç' ç' Č č
Čw čw Č' č' Čw' čw' Ċ ċ Ċ' ċ' D d Dw dw Ḑ ḑ
Ḋ ḋ Ď ď E e F f G g Gw gw Gy gy Ğ ğ
Ġ ġ H h Ḣ ḣ I ı İ i J j Jw jw K k
Kw kw Ky ky K' k' Kw' kw' Ky' ky' L l Ł ł Ł' ł'
M m Mƹ mƹ N n O o Ö ö P p Pƹ pƹ P' p'
Pƹ' pƹ' Q q Qw qw Qy qy Qƹ qƹ Qƹw qƹw Q' q' Qw' qw'
Qy' qy' Qƹ' qƹ' Qƹw' qƹw' R r Ř ř Řw řw Řy řy Řƹ řƹ
Řƹw řƹw S s Ş ş Şw şw Š š Šw šw Ṡ ṡ T t
T' t' Tw' tw' Ţ ţ Ţ' ţ' U u Ü ü V v Vƹ vƹ
W w Wƹ wƹ X x Xw xw Xy xy Xƹ xƹ Xƹw xƹw Y y
Z z Ž ž Žƹ žƹ ƹ '

Убых псалъалъэ

зэгъэзэхуэжын
  • абгъьа - абгъуэ
  • абына - мэз
  • аба - сымаджэ, лъэрмыхь Саба - сысымаджэ
  • аба цуыйа - сымаджэщ
  • абаплъа - Ӏазэ
  • абащ - уз
  • агъанцӀуыхъ - япэрей
  • агъатӀкъуыхъ - етӀуанэ
  • уа - хьэ
  • адыга - адыгэ
  • агьа - бзаджэ, къытехьа. Сыгьа агьа - скъытехьа.
  • агьары - пщылӀ
  • бач - баш
  • бзы - псы

--- ЛъытакӀэ

  • за - зы
  • ткъӀуа - тӀу
  • шъа - щы
  • плӀы - плӀы
  • щхы - тху
  • фы - хы
  • блы - блы
  • гъуа - и
  • бгъьы - бгъу
  • жъуы - пшӀы


ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot