Абазэ-Адыгэбзэхэр
Абазэ-адыгэ бзэхэр — къэукъаз бзэхэм изы унагъуэ, ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэм азэгъуэхэм я гугъэкӀэ хагъыхьа. Бзэ хиубыдэхэр: убыхыбзэ, адыгэбзэ, абазэбзэхэр (абазэбзэ апхъазыбзэ). Убыхыбзэр адыгэбзэм нэхъ игъунэгъу щыт, икӀи нэхъ ехьч ауэ апхъазыбзэми щыщ куэду хэлъ, абы шъхьакӀэ бзэ "курыту" плъытэ хъуну.
Абазэ-адыгэ бзэхэм пэмыкӀыу зэреджэхэр ишъхъэрэ-къуэхьапӀэкъаукъазыбзэхэ, шӀыпӀэ къыздыхэкӀахэм, здызэфӀэувахэм - Ишъхъэрэ-КъуэхьапӀэ Къаукъаз.
Урысейм (Ишъхъэрэ-Къаукъазым) Апхъазым, къуэкӀыпӀэгъунэгъу лъэныкъуэм (Тыркум, Шамым, Иорданым) щопсалъэхэ, бзэр зэрахьэ. БзэмкӀэ псалъу къалытэр милыуан 1, 100 (?) хуэдиз, Урысейм щыпсохэр хэту (мин 764, 660 (2002 гъэмкӀэ джылэ псо бгъыгъэ ирагъэкӀукӀам).
ЗэӀыхьлъыгъуэ
зэгъэзэхуэжынНэхъ къылъытэгъуэ нупшысэгъуэ щыӀэхэм ящыщыр абазэ-адыгэбзэхэр нах-дэгъыстэныбзэхэм япхауэ, зэдэкӀыгъуху ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэ къыхагъэкӀху. Алтернативэ гупшысэгъуэмкӀэ нах-дэгъыстаным епхыгъуэр тралъхьэ къуэдеуэ ягъэувыр, пкъы кӀэмыту, я зэгъунэгъугъуэм зэхьчыгъуэхэр къыхэкӀауэ лексикэмкӀэ, абым фӀэмыкӀыу, ауэ, фонетикэмрэ морфологиэмрэкӀэ зэшъхьэкӀыгъуэ инхэр яӀу.
Гупшысэгъуэ лъэшхэр щыӀэ, абым пэмыкӀыуи лэжьыгъэхэр ирагъэкӀуэкӀыр абазэ-адыгэбзэхэр хаттыбзэм (дунем темытыжь, III-II ди лъэхъэнэхэм япэ ящыщ) ирапху.
Классификациэр
зэгъэзэхуэжынАдыгэхэр
зэгъэзэхуэжынАдыгэ гупыр псалъэкӀитӀу зэхагъэкӀ (Урысейм бзитӀу къалъыту) - кӀах псэлъэкӀэмрэ къэбэрдей псэлъэкӀэмрэ
- кӀах псэлъэкӀэр - Адыгэ республикэм и нэхъышъхьэбзэм ящыщ, и ишъхъэрэмрэ и ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэмрэ адыгэ къуэджэхэм щыропсалъэ, абым пэмыкӀыу хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм Ӏут шапсыгъ къуаджэхэм.
- къэбэрдей псэлъэкӀэр - Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я нэхъышъхьэбзэхэм ящыщ, къэралитӀым щымыхъукӀэ бзэмкӀэ Ишъхъэрэ Осетиэмрэ Ставропол краймрэ мэздэгу къэбэрдей дэсхэр иропсалъэхэ.
Къэбэрдей псэлъэкӀэм беслъэнеибзэри хохьэ.
Абазэхэр
зэгъэзэхуэжынАбазэбзэхэри адыгэ псэлъэкӀэхэм яхуэду зэгъунэгъу щытхэ, абыхэм яхэтхэр:
- Апсуабзэ (мыдэвей, мыдэжъу) - Апхъаз къэралым и нэхъышъхьэбзэ, ирипсалъэр цӀыху мин 90 хуэдиз Апхъазым дэсу, Уэсмэн империэм икӀахэм ящыщ бжыгъэ бзэ зезыхьэ яхэт.
- Абазэбзэ - Къэрэшей-Шэрджэсым и зы нэхъышъхьэбзэхэм ящыщ, къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм дэт абазэ къуаджэхэм щыропсалъэ. Къаджищыр ашхаруа псалъэкӀэ яӀэ, адрейхэр тапанта пслъэкӀэ.
Абазэбзэхэр гтнетикэкӀэ зэгъунэгъу дыду щытхэ зы бзэуэ къэлъытэгъуэ ятыным шъхьэкӀэ. Гу лъытыгъэр ашхаруа псэлъэкӀэр мыдэвейм нэхъ хуэгъунэгъу щыт тапантам нэхърэ.
Убыхыбзэ
зэгъэзэхуэжынУбыхыбзэм и тхыдэр нэхъ гукъеу къахэкӀа бзэхъуам ям елъытамэ. хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм усахэр, Адыгэ-урыс зауэр уха яуж, зы къэмыну Уэсмэн империэм ирагъэкӀа лъэпкъыр, абдэжьым адыгэхэм яхэсурэ, хом-хомурэ адыгэбзэм техьахэ, яужыреуэ, убыхыбзэр зышъу дунем тетар Теуфик Эсенч, 1992 джэпуэгъуэм и 7 дунем ехыжьа. Езы убых лъэпкъым щыщу Тыркум цӀыху 10 000 хуэдиз дэс. Иджыпсту гупшысыгъуэ ирагъэжьа, бзэр зэфӀэгъувэжьыным теухуауэ.
Тхыбзэр
зэгъэзэхуэжынXIX лэхъэнэм ипэм нэс абазэ-адыгэбзэм я зым тхыбзэ имыӀэуэ къалъытэ, ауэ, Мыекъуапэ културэм пылъ лэжьыгъэхэм къызэраӀохумкӀэ абазэ-адыгэхэм пэсырейдыдэ тхыбзэ яӀа, яужым кӀуэдыжьауэ. Урысейм Къаукъазыр иубыда яуж зэхэхауэ лэжьыгъэ бжыгъэ екӀуэкӀа тхыбзэ къыхэгъэкӀыным шъхьэкӀэ абазэ-адыгэ лъэпкъхэм яуэ кириллымкӀэ иэ хьэрым тхыбзэмкӀэ. Советхэм я Ӏэнатэр зэфӀэува яуж адыгэхэм шъхьэкӀэ хьэрыфылъ зэхагъэувэ Хьэрып тхыбзэкӀэ. 1923 гъэм къэбэрдер, яужым, 1926-1927 гъэхэм - мыдэвейр, кӀахыр, абазэбзэр джоуэ латин тхыбзэм трагъэхьэхэ 1936-1938 гъэхэм нэс. Абым яуж мыдэвей тхыбзэр курджы тхыбзэм трагъэхьэ (1954 гъэм нэс) адрей щыр кирилл тхыбзэм, иджыри къыздынэсым ара зтетхэр псори.