Нордкин (нор.-бз. Nordkyn, Kinnarodden) — Скандинав ныкъуэтӀыгум и кӀэух къуапэ. Еуропэм и континентал Ӏыхьэм и ишхъэрэ дыдэ къуапэ.

Нордкин къуапэр

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

 
Нордкин и координатхэр

Къуапэр джабэу щытщ, ныкъуэтӀыгу Нордкин и кӀэ дыдэм деж щылъу. Къуапэ джабэр хым 234 метрэкӀэ къыщхьэщытщ. Баренц хыр къуапэ Ӏуфэм деж щӀымахуэми щтыкъым, Голфстрим хуабэ уэрым и фӀыгъэкӀэ.

КъухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къуапэм къыпэщылъщ тӀыгу Магеройа, абы и Ӏуфэм къуапитӀ телъщ — Нордкапрэ Кнившелодденрэ, официалну Еуропэм и ишхъэрэ кӀэух пӀэхэу ябжу (архипелаг Шпицберген хэмыту).

Административну къуапэр Норуегэм и фулке Финнмаркым хеубыдэр. ЩӀыпӀэм псэущхьэ куэд щыпсокъым мыдрей тундрэ пӀэхэм ещхьхэуи.

Туризм зэгъэзэхуэжын

Нордкап къуапэм хуэдэу Нордкиным турист куэд щымыӀэхэми, абыхэм я бжыгъэ къакӀуэр къуапэми щыкуэдщ. Ар апхуэдэу щыщытыр Нордкапым елътауэ Нордкин къуапэм уӀыхьэну нэхъ гугъыу зэрыщытыращ. Абы нэмыщӀ уэшх махуэхэм къуапэм къыщыпкӀухь хъунукъым, щӀыпӀэр Ӏейуэ цӀантлъэ мэхъухэри. Ауэ апхуэдэ гугъехь куэд щыӀэми, къуапэм цӀыхухэм къамыгъанэу къокӀуэхэр къуапэм къыщакӀухьыну.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын


Кординатхэр: 71°08′02″ с. ш. 27°39′00″ в. д. / 71.133889° с. ш. 27.65° в. д. (G)