Темрыкъуэ Мамсрыкъуэ
Темрыкъуэ Мамсрыкъуэ (? — 1601)
1565 гъэм июным и 17-м Мамсрыкъуэ Къэбэрдейм икӀри Мэзкуу кӀуащ. Иван Грознэм и унафэкӀэ ар пащтыхьыр зыдэщыӀэ Александровскэ слободам кӀэлъыкӀуащ. Мамсрыкъуэ и адэ Темрыкъуэ и цӀэкӀэ пащтыхьым елъэӀуащ Темрыкъуэ къемыдаӀуэ пщыхэм щахъумэну, Къэбэрдейм пащтыхьым и урысыдзэ хуигьэкӀуэну.
Сентябрь мазэм Темрыкъуэ и лъэӀум теухуауэ Иван Грознэм Къэбэрдейм пщы Мамсрыкъуэ щӀыгъуу езым и дзэр игъэкӀуащ, Темрыкъуэ къемыдаӀуэ къэбэрдей пщыхэм, ПщыӀэпщокъуэрэ и къуэшхэмрэ щахъумэну, дзэпщ И. Д. Дашков муромцхэмрэ мещерянхэмрэ я боярхэр и гъусэу, Иван Фестовым Михайловэ къэзакъхэри ящӀыгъужу (Кро, т. I, с. 12).
Мамсрыкъуэ пащтыхьышхуэм къригьэжьэжащ дьяк М. И. Ржевскэ лӀыкӀуэри къыщӀигъужри. Инал
1566 гъэм октябрь мазэм Къэбэрдейм Темрыкъуэ и лъэӀукӀэ Иван Грознэм къигъэкӀуа дзэпщ Иван Дашковрэ дьяк Матвей Ржевскэмрэ ежьэжахэщ. Абыхэм Къэбэрдейм (ПсыхуабэкӀэ) щызэхакъутащ ПщыӀэпщокъуэрэ и къуэшхэмрэ я къуажэхэр, цӀыху куэди къаубыдащ, Ӏэщ куэди къахуащ. А зауэхэм цӀыху куэди хэкӀуэдащ, уӀэгъи щащӀащ.
А гъэ дыдэм, урысыдзэхэр Къэбэрдейм икӀыжа иужь, шамхал (къумыкъу) хъан Будэ къэбэрдей пщыхэр езыр-езыру зэрызэзэуэжхэр къигъэсэбэпри и дзэхэр и гъусэу Къэбэрдей хэкум къихьащ, Къейтыкъуэ ПщыӀэпщокъуэ и лъэныкъуэу Темрыкъуэ къезэуэну. А зауэм Темрыкъуэ и къуэхэми и уэркъыдзэхэми Будэ и дзэхэр зэтраукӀащ. А зауэм хэкӀуэдащ Буди и къуэшри.
Пащтыхьым и дзэхэр Къэбэрдейм щикӀыжам махуэл дагъэкӀакъым Темрыкъуэ и бий ПщыӀэпщокъуэ сымэ (кърым хъаным ӀэщӀэлъ Нэгьуей ЦӀыкӀуми). Темрыкъуэ и Къэбэрдейр яхъумэн папщӀэ, Иван Грознэм елъэӀуу Тэрчрэ Сунжэрэ щызэхэхуэм деж, Тэрч псы икӀыпӀэм хуэзэу къалэ щаухуэну Темрыкъуэ и къуэ Матловыр (МатӀэ — Къ. Ч.) уэркъ шу 30 и гъусэу кӀуащ. А лъэӀум теухуауэ пащтыхьым къалэ ухуакӀуэ пщы Андрей Бабичевымрэ Петр Протасьевымрэ къигъакӀуэри, ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда фочауэхэри ящӀыгъуу, 1567 гъэм Тэрч къалэр Сунжэ и сэмэгурабгъум (ар Тэрч псым щыхэхуэм и деж) щаухуащ (Кро, т. I, с. 13, 393).
Тэрч къалэр зэраухуамкӀэ къумыкъухэмрэ ПщыӀэпщокъуэ и Къэбэрдеймрэ кърым хъаным и унафэм щӀигъэкӀыну Иван Грознэр хущӀэкъуу илъытэри Долэт-Джэрий бжьыбжьу къыхуигъэуващ урысхэм Тэрч къалэр Ӏуахыжыну, япэм хъаным ирату щыта щӀалэ, хъыджэбз тыгъэхэр, цӀыху щищ иратыну.
1567 гъэм октябрым и 9-м урыс лӀыкӀуэу Кърымым щыӀэ А. Ф. Нагой Посольскэ приказым къызэритхамкӀэ, а гъэхэм Мамсрыкъуэ щыӀащ Иван Грознэм деж — дзэ къыӀихыну, тыркухэм я телъхьэ шэрджэсхэр, Къазий
(Нэгъуей ЦӀыкӀум я хъаным) и щыкъу адэ ПщыӀэпщокъуи я гъусэжу къазэун папщӀэ.
ПщыӀэпщокъуэ и Къэбэрдейм Темрыкъуэ езауэу зэрыщытам, ПщыӀэпщокъуэ и малъхъэ Уракъ Къазий кърым хъаным и унафэм зэрыщӀэтым къыхэкӀыу, щытагъэнущ ПщыӀэпщокъуэ а лъэхъэнэм Тыркум ӀэщӀэлъ. хуэдэу зылъыти зэрыщыӀар (Кро, т. I, с. 392).
Мамсрыкъуэ и адэм щӀыгъуу кърым тэтэрхэми, тыркухэми, шэрджэсхэми, къумыкъухэми къимыкӀуэту япэщӀэтащ. Ар тхыгъэм къыхощ — кърым хъаныкъуэ Адыл-Джэрий гъэр зэрищӀар. Абазэхэм щадэзэуам Ӏэрубыд хъуа зэшитӀыр куэдрэ кърым хъаныкъуэмрэ хъанымрэ къамыутӀыпщыжу яӀыгъащ.
1570 гъэм декабрь мазэм Иван Грознэм хуитхащ Долэт-Джэрий Темрыкъуэ и къуитӀыр, Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ, Адыл-Джэрий иубыдахэр, езым и лӀыкӀуэ Афанасий Нагой и гьусэу къыхуаутӀыпщыжыну щӀэлъэӀуу; езы хъаныр абы я пӀэкӀэ къызыщӀэлъэӀуар хуащӀэну игьэгугъащ.
1571 гъэм январым и 10-м Посольскэ приказым унафэ ищӀащ урыс хъыбарегъащӀэу Кърым ягъэкӀуам, Богдан Шапкиным, пащтыхьым и тхылъхэмрэ улахуэмрэ пщы Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ иритыжыну. Богдан Шапкиным унафэ хуащӀащ лӀыкӀуэ Афанасий Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ хуэзэу пащтыхьым и сэламыр ирихыжыну, я узыншагъэм щӀэупщӀэну, тхылъыр яритыну, улахуэри, щыгъын фэилъхьэгъуэхэри, нэгьуэщӀ тыгъэхэри тхыгъэхэм зэритым хуэдэу яритыну. Мамсрыкъуэ хурирьэша улахуэри щыгъын фэилъхьэгъуэри (джэдыгу, пыӀэ, джанэ, щэкӀ, вакъэ) Ӏихащ. Адрей хьэпшыпхэр яӀихакъым, “страхынущ” жиӀэри (Кро, т. I, с. 31).
Апрелым и 11-м Петр Ибаковымрэ Кадыш Кудиновымрэ хъаныкъуэ Адыл-Джэрий деж къикӀыжа нэужькӀэ Афанасий, Богдан сымэ къыжраӀащ: “Фи пащтыхьым Мамсрыкъуэ теухуауэ сэ къысхуитхамэ, дызэгурыӀуэнкӀэ хъунт. Иджы щхьэщэхужыпщӀэу Мамсрыкъуэ щхьэкӀэ къагьэувыр дыщэ сом 10000-щ, фэ абы папщӀэ дыщэ сом 7000 нэхърэ мынэхъ мащӀэ Кърым къыщызэфтмэ, дызэгурыӀуэнщ”. Абы и жэуапыр апрелым и 12-м Афанасий сымэ хъаныкъуэ Адыл-Джэрий и деж Салгир Нагъуей Сеундюковыр ягъакӀуэри жрырагъэӀащ: нэхъыбэ дыдэу уасэу пащтыхьым иритыныр сом 1500-рэщ, ар къыщратынур Мэзкуущ. Адыл-Джэрий зытемыкӀынур дыщэ сом 7000-щ, ари Кърым щратыну.
1571 гъэм июным и 17-м урыс хъыбарегъащӀэу Кърымым ягъэкӀуа Северюкэ Клавшев и пщэ ирилъхьащ “Михаил и къуэш Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ дэнэ щыӀэми, я Ӏуэху дауэ щытми, хъаным щхьэщэхуж уасэу къигъэлъагьуэр зыхуэдизри къищӀэну, ар итхыну”. Урысей лӀыкӀуэ Нагой Афанасий пащтыхьым унафэ зэрищӀа уасэмкӀэ гъэрхэр хъаным къаритыжынрэ къаримытыжынрэ зэхигъэкӀын хуейуэ унафэ хуащӀащ. Щхьэщэхуж уасэр пащтыхьым Нагой Афанасийрэ Шапкин Богданрэ яхуитхауэ щыта сом 1500-м фӀамыгъэкӀыну, абы тету зэпсэлъэнхэу унафэ ящӀащ.
Посольскэ приказым и архивым къыхэщыркъым Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ щхьэщэхужыпщӀэ щӀатауэ е нэгьуэщӀ хъыбар щыӀауэ.
Апхуэдэу Ӏуэхур Ӏэпэдэгъэлэл щӀэхъуам и япэ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къэувар Иван Грознэм царь цӀэр зыфӀищыжа нэужь абы залымыгъэ, лей куэд, хьэкӀэкхъуэкӀагъэ зэрызэрихьарщ: 1565 гъэм къыщыщӀэдзауэ 1572 гьэм нэс Московскэ къэралыгъуэм цӀыху мин куэд зыхьа “лъыгъажэ” зауэхэр, мафӀэс зэхэкъутэныгъэхэр щригъэкӀуэкӀащ. Пщыхэми, бейхэми, къулыкъу хуэзыщӀэхэми, езым и телъхьэхэми, и бийхэми, тхьэмыщкӀэхэми — псом я деж тепщэныгъэ мардэншэ щигъэуват. Къулыкъум пщыхэри къызыхэкӀар зымыщӀэж къулейсызхэри куэду хишэрт, а псом абы и унафэ ткӀийхэр гущӀэгъу зыми хуамыщӀу ягъэзащӀэрт. 1570 гъэм опричнэ дзэр Иван Грознэр я Ӏэтащхьэу поход ежьэри Клин, Тверь, Новгород, нэгъуэщӀ къалэ куэди зэхикъутащ. Я мылъкухэр дзэм зэрапхъуэрт, къытрахт, къалэхэр ягьэсырт. ЦӀыхухэр мин бжыгъэкӀэ яукӀырт. Царым цӀыхухэм лей бзаджэ ярихырт; лей зытехуэхэр пщыхэмрэ бейхэмрэ я закъуэтэкъым, атӀэ мэкъумэшыщӀэ цӀыхубэри къалэдэсхэри дагъакӀуэрт яукӀхэм. ӀэубыдыпӀэншэу лей зезыхьахэри куэду езым иригъэукӀыжырт, абыхэм я мылъкухэри я щӀапӀэхэри зэрыригъапхъуэрт, ар зригъэукӀахэми абыхэм я лъэужьыр гъуэгу яхуищӀырт. Ливон зауэ хьэлъэр екӀуэкӀрэ пэт, а зауэм шытекӀуэн папщӀэ, къэралыр дзэ къарухэмкӀэ лъэщ щӀыным теухуауэ лэжьыгъэшхуи иригъэкӀуэкӀыртэкъым пащтыхьым.
ЕтӀуанэ щхьэусыгъуэр Долэт-Джэрий 1571 гъэм май мазэм Мэзкуу къытеуэу игъэса нэужь, Иван Грознэр Ярослав, Ростов къалэхэмкӀэ зэрикӀуэтарщ, езым и дзэзешэхэр Урысейм епцӀыжауэ илъытэу зэриукӀарщ.
1578 гъэм апрель мазэм царь Иван Васильевичым тхылъ къыхуригъэхьащ Мамсрыкъуэ Тэрч къалэр зэфӀэгъэувэжынымрэ къэбэрдей пщы Идар Къамболэт улахуэ етынымрэ теухуауэ. Мы документым къегъэлъагъуэ 1566—1567 гъэхэм Темрыкъуэ и лъэӀукӀэ Тэрчрэ Сунжэрэ щызэхэхуэм деж дзэзешэ Лука Новосильцевым щиухуауэ щыта быдапӀэр куэдрэ а щӀыпӀэм зэрыщымыӀар, ар кърым хъан Долэт-Джэрий къыпиубыду Ӏуахыжын хуей хъуауэ зэрыщытар. Дэ тщӀэркъым Мамсрыкъуэ Кърымым къыщикӀыжа зэманыр.
Тэрч къалэр якъутэжа нэужь, япэ лӀыкӀуэхэр 1588 гъэм Мэзкуу кӀуауэ ябж. Къэбэрдей пщы нэхъыжь Къамболэт и цӀэкӀэ Мэзкуу щыӀащ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт Къундетрэ. Абыхэм я лъэӀукӀэ пащтыхь Федор Ивановичым Идар и Къэбэрдейр щӀигъэуващ урысей унафэм — улахуэри къриту, я бийхэми щихъумэну къигъэгугъащ. Тыркуми, Кърымми, Къумыкъуми щахъумэн папщӀэ, Тэрч и Ӏуфэм къалэ щрагъэухуэну пащтыхьым елъэӀуащ. Пащтыхьым Мамсрыкъуэрэ Къундетрэ я лъэӀухэр къахуищӀащ.
Тхыгъэхэм къагъэлъагъуэ Къамболэт и лӀыкӀуэхэм щхьэж и увыпӀэу Урысейм щиӀар зыхуэдэр, абы пщӀэуэ къыхуащӀу щытар. Къапщтэмэ, Мамсрыкъуэ сом 50-рэ дыжь джэдыгурэ, Къундет сом 30-рэ джэдыгурэ, Биту Елбэздыкъуэ сомих, адрей цӀыху пщыкӀузым сом щырыщ къратащ.
А гъэм июль мазэм пащтыхььш иратащ псалъэ быдэ Урысейм пэжу бгъэдэтыну, я адэхэр Иван Грознэм пэжу зэрыхущытам хуэдэу Федор Ивановичым къулыкъу хуащӀэну. Урысейм и бийхэм, Тыркуми, Кърымми, Къумыкъуми, абыхэм япыщӀа ПщыӀэпщокъуэ и бынхэми, Талъостэнхи, Джылахъстэнхи ягуэмыхьэнхэу псалъэ быдэ ятащ. Июлым и 25-м Мамсрыкъуэрэ Къундетрэ я уэркъхэри ящӀыгъуу Урысейм пэжу бгъэдэтыну псалъэ быдэ ятащ.
Тхыгъэхэм къызэрыхэщымкӀэ, Мамсрыкъуи, Пщыкъани, Къундети, Думэныкъуи, Елбэздыкъуи, Щэнджэлеи, Битемрыкъуи, я къуэш псоми пащтыхьым псалъэ иратащ къулыкъу хуащӀэну, пащтыхьым и бийхэм зэгъусэу зэдезэуэнхэу.
1589 гъэм Къамболэт дунейм ехыжа нэужь, Идар и Къэбэрдейм псом нэхърэ нэхъ хыхьэхэкӀ щызиӀэу щытар Мамсрыкъуэщ — урысей тхыгъэхэм къызэрыхэщым тетщӀыхьу аращ. Къамболэт и ужькӀэ а Къэбэрдейм пщы нэхъыжьу щыхах Къейтыкъуэхэ ПщыӀэпщокъуэ и къуэш Аслъэнбэч, ари а гъэм дунейм ехыжа нэужь, а гъэ дыдэм октябрым и 14-м Тэрч къалэ дэс дзэзешэ А. И. Хворостининым деж къэкӀуащ Сунжэ къэзакъхэм я Ӏэтащхьэ Василий, Аслъэнбэч и къуэш Жансэхъу, Хьэту, Мамсрыкъуэ, Битемрыкъуэ, Елбэздыкъуэ, я уэркъхэри ящӀыгъужу. Япэм зэрызэгурыӀуам тету ахэр пащтыхьым елъэӀурт и унафэм щӀигъэтыну, пщы нэхъыжьу Аслъэнбэч и къуэш Жансэхъу зэрыхахари жаӀащ. Жансэхъу Къэбэрдей псом пщӀэ щыхуащӀу, фӀэлӀыкӀ зиӀэ пщы нэхъыжьу зэрыщытри жаӀащ. Абы пащтыхьым и улахуэрэ щыгъыныгъуэрэ иратыну, Тэрч къалэ зэрыщымыӀэри пащтыхьым иригъащӀэмэ, и гуапэт дзэзешэм. Тхыгъэхэм наӀуэ щохъу Ӏуэхум Хьэту хэлӀыфӀыхьауэ Къэбэрдейр зэщӀэгъэуӀуэным теухуауэ. Жансэхъу и къуэр къашэу Тэрч къалэ шэсыпӀэу къратыхункӀэ, абы и пӀэкӀэ Мамсрыкъуэ къэнащ. Мамсрыкъуэ жану, жыджэру мы Ӏуэхухэм зэрыхэтам ари и щыхьэтщ.
1590 гъэм Мамсрыкъуэ къумыкъупщым гъэру иубыдри иӀыгъащ. Къумыкъупщым лъэкӀ къигъэнакъым, Мамсрыкъуэ кърым хъаным и унафэм щ1игъэувэн щхьэкӀэ. Ауэ абы зыри къикӀакъым. Мамсрыкъуэ Урысейм пэжу бгъэдэту зэрыщытым зыкӀи яхутекӀакъым. Ар Федор Ивановичым лъапӀэныгъэ ину илъытэри дзэзешэ пщы Григорий Засекиным Мамсрыкъуэ и улахуэр хуригъэшащ. 1591 гъэм дагъыстан шамхалым Георгий Засекиныр Мамсрыкъуэ и уэркъыдзэр щӀыгъуу щезэуарщ Сулакъ псы Ӏуфэр щаубыдар. Сунжэ деж Тэрч къалэри Сунженскэ быдапӀэри 1588—1590 гъэхэм яухуащ. А псор ящӀэн хуей щӀэхъуар Кърымым, Тыркум, Шамхалым, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я деж Урысейм и лъэр щамыгъэувыну, урысхэмрэ а лъэпкъхэмрэ я зэпыщӀэныгъэр къызэпаудыну я ужь зэритырт. 1591 гъэм кърым хъан Къазий-Джэрий Мэзкуу щӀытеуари арат, ауэ ари урысхэм къызэпаудащ.
Урысей пащтыхьым зэрилъытэмкӀэ, Къэбэрдейм пщышхуэу щыщытын хуейр Мамсрыкъуэт. Абы Мэзкуу тхылъ къритащ пщышхуэу ягъэуву. А пащтыхь унафэм Къэбэрдейм щыхабзэр — зи чэзу пщы лӀакъуэм къыхэкӀыу пщышхуэр зэрыхах хабзэр къикъутащ. Абы къэбэрдей пщы-уэркъхэр къызэщӀиӀэтащ. Къазий и Къэбэрдейр “щэхуу” а пащтыхь унафэм пэщӀэуващ. Къазий гъэпцӀагъэкӀэ, фо махъсымэ иригъэфэн хуэдэу, игъэхьэщӀэну, езым и деж Думэныкъуэрэ Мамсрыкъуэрэ иригъэблагъэри зэкъуэшитӀыр 1600 гьэм иригьэукӀащ (Кро, т. I, с. 385). Ар къэмыхъункӀэ хъунут, Мамсрыкъуэ пщышхуэу Мэзкуу игьэувыну тхылъ къримытамэ.
Пащтыхь дзэзешэхэу Астрахан, Тэрч къалэхэм щыӀахэми пащтыхьым и чэнджэщэгъухэми Къэбэрдей псом къуажэу исхэмрэ пщы-уэркъхэм абыхэм щаӀэщӀэлъ жылагъуэхэм цӀыхуу, мылъкуу къащылъысымрэ гулъытэ хуащӀыну хуейтэкъым. Пщы лӀакъуэ, пщы къудамэхэр зэш зэрыпӀ-зэбынхэу зэрызыщхьэщыкӀымрэ, ахэр Тырку, Кърым лъэныкъуэмрэ пыщӀауэ зэрыщытым, урысхэм я бийхэм я телъхьэу цӀыхуи мылъкуи зыбгъэдэмылъыж Идархэ бжьыпэр епткӀэ Урысейм и Ӏуэхур Къэбэрдейм щыдэха зэрымыхъунум пащтыхьым гу лъегъэтэн зэрыхуейр а зэманым къэгъэсэбэпа хъуакъым. Зы псалъэу жыпӀэмэ: Къэбэрдеишхуэм, Къазий и Къэбэрдейм, къуажэ 50 хыхьэрт, абы уэркъыу 1000-м щӀигъу нэхърэ нэхъыбэ дэст. Талъостэнхэ ящыщ пщы Ибакъ къуажэу 40 нэблагьэ, уэркъыу 700 ӀэщӀэлът. Думэныкъуэрэ Мамсрыкъуэрэ я адэшхуэм и къуажэхэм щыщу къахуэнар къуажэ 11 хъурт, абы цӀыхуу щыпсэухэр 250-м тӀэкӀу щӀигъуу арат. Идарейм къуажэу исахэр Темрыкъуэрэ и къуэшхэмрэ я къуэхэм тӀэкӀу-тӀэкӀуу зэхуагуэшыжат: Биту Нартшу къуажиблт иӀэжыр; Жылэгъуэт Къанкълыш и къуэ Щэнджэлей къуажэ иӀэжакъым, цӀыхуу зы мин иӀэжауэ аращ. Къамболэт и къуэхэм къуажиплӀ, уэркъ 35-рэ яӀэжащ. Мы документхэм къагъэлъагъуэ Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦӀыкӀумрэ Идархэ пщышхуэ увыпӀэ дэнэ къэна, атӀэ пщы нэхъыжь увыпӀэ къазэрыщыхуэмынэжар. ИщхьэмкӀэ къыщыхэщащ Анзорхэ, ипэу Идархэ я лӀакъуэлӀэшу щытахэр, мы дызытепсэлъыхь зэманым абы къазэрыбгъэдэмытыжар