Унэ гуэгушхэр е щагу тхьачэтхэр е унэ тхьаджэдхэр (лат-бз. Meleagris gallopavo) — лыпхъэ хьисэпкӀэ ягъашхэ джэдкъаз лӀэужьыгъуэхэм я нэхъ пӀащэхэщ.

КъатехъукӀащ Ипщэ, Ишъхъэрэ Америкэм зэпэщхьэхуэу щыпсэу лӀэужьыгъуэ къуэдзитӀым. Еуропэм япэ дыдэу япэрей унэ гуэгушхэр къыщашар 1418-1519-рэ гъэхэращ. Ди къэралым деж унэ гуэгушхэр зэхагъэкӀ, къызтехъукӀа лӀэужь елъытакӀэ, Америкэм, Инджылызым, Нидерлэндхэм къикӀа лӀэужьыгъуэхэр Урысей лӀэужьыгъуэхэурэ. Иужьырейхэм ящыщщ гуэгуш гъуэбжафэр, гуэгушхужьыр, фӀыцӀэр, абыхэм я лӀэужьхэр зэхагъэхьаурэ къагъэхъуахэр.

Теплъэ-пкъыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Гуэгушыхъухэм къашэч ч.12-16, нэхъ пӀащэ дыдэхэм — ч. 20-м нэс, анэхэм ч. 7-9. КӀэцӀын щӀадзэ мази 10-11 ныбжым нэсахэмэ, и нэхъыбэм щӀышылэм-гъатхэпэм. Илъэсым мэкӀэцӀ 90-рэ, нэхъыбэ дыдэм 150-рэ. Зы джэдыкӀэр г. 80-88 мэхъу. Махуэ 28-кӀэ къыраш. Зы анэм гъэм шыр 40-60 ебгъэпӀыфынущ. Хъубжапхъэ гуэгуш анэхэр илъэсищым нэскӀэ къагъэсэбэп. Гуэгушыхъухэр илъэсищ ныбжым нэсмэ я бгъэгум цы пхъашэ кӀыхь Ӏэрамэ къыхокӀ я пкъыр жьы хъун зэриублэм и щыхьэту. ЩӀыпӀэ гуэгуш тумэхэр къэхъуащ хамэ къэралхэм къраша лӀэужьыгъуэхэр зэхыхьэурэ.

ЛӀэужьыгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын

Унэ гуэгушхэм лӀэужьыгъуэ 20 хуэдиз зыхеубыдэщ, абыхэм ящыщ:

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.