Унэ джэдхэр
Унэ джэдхэр е щагу чэтхэр (лат-бз. Gallus gallus) — джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэу мэкъумэш къуалэбзухэм ящыщ нэхъ гупышхуэщ.
ЦӀэхэр
зэгъэзэхуэжынАдыгэ лъэпкъыр зэщхьэщыдзауэ Ищхъэрэ Къаукъазым и бгылъэ щӀыпӀэм зэрыпсэум папщӀэ, куэду ухуэзэ зы псэущхьэм щӀыпӀэ е къуажэ къэсыху цӀэ щхьэху зэрихьэу, унэ джэдми абым хуэдэу цӀэ бжыгъэм дыхуэзэ:
- Джэд
- Гьэд
- Къэты
- Къкъэтты
- Чэты
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынКъызтехъукӀар банкив джэд Ӏэлыращ, Азиэм и ипщэ лъэныкъуэм щыщ щӀыпӀэхэм щыпсэур. Унэм яӀыгъын щыщӀадзар илъэс минищрэ ныкъуэрэкӀэ узэӀэбэкӀыжым хуэдизщ.
ЛӀэужьыгъуэ зэхэгъэкӀыгъэр
зэгъэзэхуэжынАкадемик Иванов къызэрыхилъхьам тету, я унэтӀыныгъэ елъытакӀэ унэ джэдхэр тхууэ зэщхьэщагъэкӀ: джэдыкӀэ щхьэпэгъуэкӀэ яхъухэр, лыпхъэу ягъашхэхэр, а мурадитӀымкӀи зэхуэдэу къагъэщхьэпэхэр, зэрагъэзэуэну (бэнакӀуэ) яӀыгъхэр, пщӀантӀэ гъэдахэхэр. Нэхъыщхьэр япэрей щыращ. Абы хыхьэ лӀэужьыгъуэхэм (джэд хужьхэм, плъыжьхэм, пщащхъуэхэм, кусэхэм, нэмыщӀ) езыхэм я пкъы гъэпсыкӀэ яӀэжщ, хьэлъагъкӀи, теплъэкӀи зэщхьэщокӀ. Лыпхъэ лӀэужьыгъуэхэр хэпщӀыкӀыу нэхъ уэндэгъущ джэдыкӀэ хьисэпкӀэ яхъухэм нэхърэ. ИджыкӀэ унагъуэхэм джэдкъурт щагъэгъуалъхьэр зэзэмызэщ, нэхъыбэу япӀыр инкубатор джэджьейхэращ. Унэджэд лӀэужьыгъуэхэр зэхэхьэурэ къэхъуащ щӀыпӀэ джэд тумэхэр.
ЛӀэужьыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжынАдыгэбзэм гъэунэхуауэ хэт лӀэужьыгъуэхэм я цӀэхэр:
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |