ШоджэнцӀыкӀу Ӏэсхьэд и къуэ Алий

тхакӀуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтӀылъа


ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэсхьэд и къуэ Алий — тхакӀуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтӀылъа, зи лъэпкъ културэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӀа усакӀуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым пщӀэ зэхуащӀа тхакӀуэшхуэ.[2][3].

ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэсхьэд и къуэ Алий
Сурэт
И лэжьыгъэр: тхакӀуэ, усакӀуэ
Къыщыхъуар: 1900 жэпуэгъуэм и 28(1900-10-28)
Къыздэхъуар: Къушмэзыкъуей, Тэрч област, Урысей империэ
Дунейм щехыжар: 1941 щакӀуэгъуэм и 29(1941-11-29)[1] (41 гъ.)
Дунейм здехыжар: Бобруйск, Урысыху
Диныр: Ислъам
Лъэпкъыр: Адыгэ

ЩоджэнцӀыкӀу Алий 1900 гъэм Бэхъсэн къедзыгъуэм щыщ Къушмэзыкъуей къуажэм ( иджы Бэхъсэн къалэм хохьэ), мэкъумэшыщӀэ бынунагъуэшхуэм къыщалъхуащ. Алий литературэр фӀыуэ илъагъунымкӀэ мыхьэнэшхуэ иӀащ и адэшхуэ Пщыкъан щӀалэ цӀыкӀур дэнэ кӀуэми здишэу, хъыбархэм, таурыхъхэм, уэрэдхэм щӀигъэдэӀуу зэрыщытам. Адэшхуэм и фӀыгъэкӀэ ар пасэ дыдэу и лъэпкъ ӀуэрыӀуатэм пыщӀа мэхъу.

1914 гъэм Алий къуажэ еджапӀэр къеух. Абы иужькӀэ ар зыкъомрэ щоджэ муслъымэн диным и лэжьакӀуэхэм Бахъсэн къыщызэрагъэпэща еджапӀэм.

1915 гъэм ЦӀагъуэ Нурий и фӀыгъэкӀэ Алий макӀуэ Темырхъан-Шурэ ( иджы Буйнакск) щыӀэ егъэджакӀуэ курсым. ЕхъулӀэныгъэ хэлъу мы курсыр къызэриухам папщӀэ, 1916 гъэм ар ягъакӀуэ Кърымым, Бахъшысэрай къалэм дэт педогогэ еджапӀэм. Али абы щыӀэху Урысейм щокӀуэкӀ мазае буржуазнэ револуцэр. Кърымым йокӀри 1917 гъэм Алий и хэкум къигъэзэжын къемыхъулӀэу Тыркум макӀуэ. Абдеж щыщӀотӀысхьэ егъэджак1уэ щагъэхьэзыр еджапӀэм. Тыркум щыӀэхукӀэ Алий гугъуехь куэд ешэч: еджэнымрэ хьэлъэзехьэу лэжьэнымрэ абы зэдихьын хуей мэхъу, мэжэщӀэлӀагъэмрэ щыгъыныджагъэмрэ еныкъуэкъу зэпытщ. Абы щыӀэху Алий фӀыуэ зэрегъащӀэ тыркубзэмрэ фрэнджыбзэмрэ.

1917 гъэм ЩоджэнцӀыкӀу Алий тхэн щӀедзэр. Тыркум щыӀэ щӀыкӀэ абы итхащ Жынгызмэ и нып фӀыцӀэжьыр, Нанэ, нэгъуэщӀ усэхэри. Тыркум щыӀэ адыгэхэр къыдэӀэпыкъури 1919 гъэм Алий и хэкум къигъэзэжащ. Абы къыщӀедзэ гъащӀэщӀэр ухуэнымрэ револуцэм и текӀуэныгъэр гъэбыдэнымрэ хуэлажьэу.

Алий агитационнэ-гупышхуэ лэжьыгъэ ирегъэкӀуэкӀ. Баку щыӀэ политикэ ударнэ курсым щӀотӀысхьэ. Ар къиуха нэужькӀэ, Дагъыстэным щолажьэ. Сымаджэ мэхъури Къэбэрдейм къегъэзэж.

УсакӀуэм и япэ поемэщ 1927 гъэм итха Хамэ щӀыпӀэм жыхуиӀэр. Поемэр дунейм къытехьакъым и щхьэусыгъуэри белджылыкъым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкӀэ, ар теухуащ Хэкум икӀыжа адыгэхэм Тыркумрэ Хьэрып къэралхэмрэ щателъ хьэзабырщ, щашэч тхьэмыщкӀагъэрщ, я Адэ хэкум къызэрыхуэпабгъэрщ.

ЩоджэнцӀыкӀум и тхыгъэ нэхъыфӀхэм ящыщ зыщ 1928 гъэм итха " Мадинэ" поемэр. ИужькӀэ усакӀуэм и Ӏэдакъэ къыщӀэкӀащ ЩӀымахуэ жэщ (1929 гъ.), Тембот и дыгъуасэхэр (1933 гъ.), Партизан Жамбот (1934 гъ.) поемэ хьэлэмэтхэмрэ Хьэжыгъэ пут закъуэ (1931гъ.), Кхъужьей щӀагъым (1933 гъ.) тепсэлъыхьыгъуэ гъуэзэджэхэмрэ. Мы тхыгъэ псори зытеухуар гъащӀэжь блэкӀарщ. Абыхэм ӀупщӀу ди нэгу къыщӀагъэувэж адыгэ мэкъумэшыщӀэм и псэукӀар, и щхьэхуитыныгъэм щӀэбэну цӀыхубэм иригъэкӀуэкӀа бэнэныгъэ хьэлъэр, гугъуехь-бэлыхь мыухыр.

ЗэфӀэкӀ ин зиӀэ хъуа усакӀуэр литературэ-ӀэщӀагъэ лэжьыгъэм дехьэх, 1936 гъэм Налшык къалэм къоӀэпхъуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр ТхакӀуэхэм я зэгуэтым и унэфэщӀ нэхъыщхьэ секретару лажьэу щӀедзэ, икӀи и гъащӀэри игущӀэри литературэ лэжьыгъэм хуеунэтӀ. И лъэпкъэгъухэм къехъулӀа щхьэхуит псэукӀэр, гъащӀэр ӀупщӀу къыхощ Хьэсет цӀыкӀу, Верховнэ Советым, СегъэгуфӀэ махуэщӀэм, Си махуитӀ гъащӀэ усэхэм.

ТхакӀуэм нимытхысу къэна поэмэхэм ящыщщ Сохъуахъур (1936 гъ.), Дыщэ нэпсейхэр (1937 гъ.), Къызбрун (1938 гъ.) жыхуиӀэхэр. ЩоджэнцӀыкӀу Али и гупсысэм и кууагъ-лъагагъымрэ и тхакӀуэ Ӏэзагъэмрэ псом хуэмыдэу зыгъэбелджылыр Къэмботрэ Лацэрэ романымрэ Мадинэ поемэмрэщ.

Езы ЩоджэнцӀыкӀум зэрыжиӀэгъащи, абы и тхыгъэхэм зыужьыныгъэрэ Ӏэзагърэ халъагъуэмэ, ар зи фӀыщӀэр япэрауэ, адыгэ ӀуэрыӀуатэрщ, етӀуанэрауэ, А.С.Пушкин, М.Ю.Лермонтов, А.М. Горькэм, Т.Г.Шевченко, А.Н.Некрасов сымэ, нэгъуэщӀхэми я тхыгъэхэрщ.

Абыхэм нэмыщӀ Али куэду урыс тхакӀуэхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкӀэ зэридзэкӀыурэ ищӀт, адыгэбзэкӀэ адыгэ цӀыхухэр абыхэм еджэфынхэ щхьа.

Ди республикэр илъэс тӀощӀ щрикъум ирихьэлӀэу ЩоджэнцӀыкӀум 1941 гъэм етх Нырес си псалъэр уи деж жыхуиӀэ и иужьрей поемэр — и лъэпкъым тхыдэ гъуэгуанэ икӀуар, лӀэщӀыгъуэ кӀыфӀым къыхэкӀыу ар гъащӀэщӀэм, социал псэукӀэщӀэм зэрыхуэкӀар къыщигъэлъэгъуэжар.

Поэмэм къыдэкӀуэу, а зэманым Алий усэ зыбжанэ етх, совет цӀыхухэр бэнэныгъэ гуащӀэм къыхуриджэу,гушхуэныгъэ яхилъхьэу. Ауэ ЩоджэнцӀыкӀур абыкӀи арэзы мыхъуу, 1941 гъэм сентябрым и 15-м Хэку зауэшхуэм макӀуэ, цӀыхубэм и щхьэхуитыныгъэр ӀэщэкӀэ ихъумэжыну. Куэд дыдэ дэмыкӀыуи ар зэрымыщӀэкӀэ гъэр мэхъури, а гъэм ноябрым и 29-м Бобруйск къалэм пэгъунэгъуу щыӀэ немыцэ концлагерым усакӀуэр йолӀыхь.

Тхыгъэ нэхъыщхьэхэр

зэгъэзэхуэжын
  • Мадинэ (1928 гъ.)
  • Къамботрэ Лацэрэ (1929 гъ.)
  • Хьэсет цӀыкӀу (1936 гъ.)
  • Хьэжьыгъэ пут закъуэ (1940 гъ.)
  • НыбжьыщӀэ хэхуа (1940 гъ)

Литературэ

зэгъэзэхуэжын
  • Али Шогенцуков// Институт Гуманитарных исследований Правительства КБР и КБНЦ РАН. — Нальчик. Издательский центр «Эльфа». 2003.
  • Теунов Х., Алий Шогенцуков. Путь поэта, Нальчик, 1950
  • Либединский Ю., Алий Шогенцуков, в его книге: Современники, М., 1958
  • Очерки истории кабардинской литературы, Нальчик, 1968
  • ХьэкӀуащэ А., ЩоджэнцӀыкӀy Алий, Налшык, 1961 гъ.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын