ЩӀылъэрыгъуалъхьэ къуалэбзухэр (лат-бз. Nidifugae e Praecoces) — щыр зыужьыкӀитӀым язым хыхьэ къуалэбзу лӀэужьыгъуэ гупырщ.

Абыхэм я шырхэр, хьэӀулэщӀхэм яйм къагуэкӀыу, джэдыкӀэхэм къызэрипщхэу, е тэлай гуэр текӀмэ, абгъуэм къокӀри йожьэхэр. Апщыгъуэм я нэ къоплъэ, тхьэкӀумэхэм зэхах, цы ятетыхэщ.

Мы гупым къызэщӀеубыдэ нэхъыщхьэу щӀыгум, е псым и гъунэгъуу (жыгыщхьэхэр мыхъуу) псэу къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэр: джэд хэкӀыгъуэ, бабыщхэр, къазхэр, дудакъхэр, кърухэр нэмыщӀхэри.

Еплъэ апхуэдуи зэгъэзэхуэжын


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.