Яп (хытӀыгухэр)
Яп хытӀыгухэр - Хы Щэхум яхэт хытӀыгуейцӀыкӀущ. ХытӀгуеишхуэм хэт Кэролинэ хытӀыгуейм щыщщ. Микронезием ихытӀыгу къуэхьэпӀэхэм ящыщщ.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынЯп хытӀыгухэм щӀыуэ яубыд км² 105,4[1].
ХытӀыгухэр
зэгъэзэхуэжынНэхъинхэр:
- Яп (Yap) — км² 56,15,
- Гэгил-Тэмил (Gagil-Tomil) — км² 28,82,
- МаӀап (Maap) — км² 10,64,
- Румунг (Rumung) — км² 4,30.
НэхъцӀыкӀухэр:
- Билеегили (Bileegiliy),
- Бий (Biy),
- Далмеет (Dilmeet),
- ФангаӀамат (Fangaamat),
- Гарим (Garim),
- Митеатоу (Mitheathow),
- ПаӀакеал (Paakeal),
- КаӀелик (Qaelik),
- Руунгуч (Ruunguch),
- ТараӀанг (Taraang).
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынЩӀэныгъэлъхэм къызэрыдагъащӀэмкӀэ, Яп хытӀыгухэр зы уахътэ гуэрым Яп имперэшхуэм и купсэу щытащ. Абы и дамэ щӀэтт хытӀыгубэ (псалъэм папщӀэ Кэролинэ хытӀыгуейр) км 1100-м щӀигъу и кӀыхьагъыу зэкӀэлъыпытыу хым хэтхэу, щхьэж хытӀыгури иерархием и къалэныр игъэзащӀэт. Илъэсым тӀо нэхъыкӀэ хытӀыгухэм ис цӀыхухэр кӀуэти нахъ Ӏэтауэ щыт лъэпкъым и хытӀыгум тыгъэхэр хуашэт, абыхэми зэпамыгэуу нэхъыщхьэжым деж зэхуахьэса тыгъэхэр яшэжт. Псори къыздэнэжтыр Япым тесхэрат.
XVII лӀэщӀыгъуэм Яп хытӀыгухэр чэзуурэ зэӀапэхащ Эспаным, Джэрмэным, Японым. Илъэс 1947—1986-хэм АШЗ'м и дамэ щӀилъхьэжауэ щытащ.
Жылэдэс
зэгъэзэхуэжынЯпым дэсщ цӀыху 7391 (илъэс 2000)[2].
Экэномикэ
зэгъэзэхуэжынАШЗ'м идолларым нэмыщӀ Раи'кӀэ зэджэ мывэ жьыгъей, икум гъуанэ хъурей дэудауэ ахъшэу щызокӀуэ хытӀыгухэм. Абыхэм янэхъиндыдэхэр метри-3-м нос диаметрэр, я Ӏувагъыр сантиметрэ-50-м, я хьэлъагъыри тонни-4-ыу.
Гулъытыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжын
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |