Адакъэ
Адакъэ — джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм я хъухэращ, тхьэджэд, бабыщ лъэпкъхэм къанэмыщӀауэ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынАнэм елъытауэ нэхъ пӀащэщ, гъэщӀэрыщӀащ, сыджышхуэщ, лъэджажэ кӀыхьщ, шырхэр къуртым дипӀкъым, и цы пхъыжыгъуэри анэм ем къыщхьэщокӀ. Я нэхъ цӀыкӀум — ныбгъуэ адакъэм — г. 120-рэ нэс къешэч, нэхъ пӀащэ дыдэм — хъунгъарым и хьэлъагъщ ч. 6-м нэс.
ЩӀэнхабзэм
зэгъэзэхуэжынАдыгэхэм къалъытэт адакъэм и гупэр унэбжэмкӀэ гъэзауэ гъунэгъуу Ӏумэ ар куэд темыкӀыу хьэщӀэ къызэрыкӀуэнум и нэгъыщэу.
Адакъэм цӀыхубэхэм я щӀэнхабзэм, гъащӀэм къыщыхъу-къыщыщӀэхэм я дамыгъэ куэд къэзыӀуатэ щӀагъыбзэ ирахьылӀэ. Ар нэху щӀыным, сакъыным, къэщӀэрэщӀэжыным, зауэным къыхуезыджэ ижырей дэмыгъэщ. Фрэнджхэм адакъэр къалъытэт щхьэхуитыныгъэм, зауэным, къайгъэм я дэмыгъэу. КъуэкӀыпӀэ мыхуэгъэпсым и илъэс 12 псэущхьэ цыклым къуалэбзухэм ящыщу хэтыр адакъэщ, абы ейщ е 9-нэ илъэсыр. Урысхэм, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм я дежкӀэ адакъэр мафӀэсым я дэмыгъэщ.
Лъэпкъыр къэщӀэрэщӀэжынымрэ сакъынымрэ я дэмыгъу адакъэ теплъэ Кениэ къаралъыгъуэ дэмыгъэм хэтщ.
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |