Ныбгъуэ
Ныбгъуэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Coturnix coturnix Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Ныбгъуэ (лат-бз.: Coturnix coturnix) — псэушъхьа, бзу, мэзджэд лъэпкъым ящыщ.
АплъэпӀкъырEdit
КӀыфэм икӀыхьагъыр см. 16-20, ихьалъагъыр г. 80-145.
Ицыр пшахъуэфу щыт, шъхьашыгум, кӀыбым, кӀапэцхэм фӀыцӀафу, цыху хэпхъауэ щыт, нэкӀыбым плъыжьу цыхэр щыт. Хъухэм нэкӀур плъыжь-къуафӀцӀафу щыт, бгъэр плъыжь, жэпкъымрэ тэмакъымрэ фӀыцӀэ. АнэкӀэхэм я жэпкъымрэ тэмакъымрэ пшахъуэфэ, псыфу щыт, бгъэмрэ лъэныкъуитӀхэмрэ тет цыхэм гъуабджэ-къуафӀцӀу хэпхъа ( уэгу ).
ЗдэпсохэрEdit
Ныбгъуэхэр Еуропэм, Африкэм, КъуэхьапӀэ Азиэм, Урысейм къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ Байкалым нэс щопсоухэ. Губгъуэхэм иэ къушъхьахэм щопсоу, ШӀымахуэкӀэ Африкэм Ипшъэ-КъуэхьапӀэ Азиэм мэкуэчхэ (Ипшъэ Африкэмрэ Индостанымрэ). Бгъуэ здашъыр, къыздырачыр Еуропэ псомрэ Азиэмрэ, Палестинэмрэ, Ираным, Туркистаным.
ЗэрзэпыхьахэрEdit
Удзым къэкӀын зэркӀидзу, ныбгъуэм кӀиин кӀедзэ, хъухэм зэзэуэн кӀадзэ анэкӀэхэм шъхьакӀэ. Ябгъуэхэр шӀым щашъыр. АнэкӀэм дждыкӀэ 8-20 хуэдиз егъэтӀылъ, я фэр псыфу щыту къуафӀцӀэ, гъуабджэ яхэпхъауэ. ДжэдыкӀэхэм махуэ 15-17 тес, хъур хэмыту, изакъуэ къыречыр.
ЗэрыпсохэрEdit
Гуэдзыр щыхъум идей ныбгъуэхэр губгъуэмкӀэ хэтысхьан кӀадзэри кӀэху пчэр мэхъухэ. Куэчын щыкӀадзэр шыщхьэӀум икӀэм щыкӀэдзауэ фокӀадэм икӀэм нэгъунэ. Яшхыр нэхъыбу къэкӀыгъэ ( джылэ, тхьампэ-къэтӀэпӀ, гъуэч ), макӀыу цӀыв Ӏамэ