Аму
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Apiales
Лъэпкъ: Apiaceae
Лъэпкъыгъуэ: Амухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Аму
Латин цӀэр
Chaerophyllum bulbosum
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 29615
NCBI 109096

Аму (лат-бз. Chaerophyllum bulbosum) — гъиткӀэ къэкӀ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Зи лъэгагъыр см 100-150-м нэс удз лӀэужьыгъуэщ. Удзым ипкъ кунэщӀым, занщӀэу дэкӀейм, цы тетхэр мащӀэу пхъашэщ, и тхьэмпэхэр тхьэмпэ цӀыкӀу куэду зэхэтщ, и лъабжьэр куу дыдэу екӀыхыркъым. Амур бадзэуэгъуэм икӀэхэм къощхьэлъэ, гъэгъа хужьыфэ цӀыкӀухэр, Ӏэрамэ хъуреуэ зэхэту, купсэхэм къапедзэ.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

Нэхъыбэу къыщокӀ губгъуэхэм, хуейхэм, мэзлъапэхэм, хадэхэм, чэтыпӀэжьхэм, куэншыб щылъыпӀэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын

Силосу иплъхьэмэ, Ӏэщым фӀыуэ яшх. ЛъабжьэщӀэ хъурейхэр ещӀ, адыгэхэм ахэр къыщӀахри яшх, нысэщӀащхьэкӀэ йоджэ.

КъэкӀыгъэр къэмыщхьэлъэ ипэкӀэ адыгэхэм, абазэхэм, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми, ипкъ цӀынэр яукъэбзурэ яшх. Каротин, витамин зэмылӀэужьыгъуэхэр хэлъщ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.