Андэгурэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Dicotyledones
ХэкӀ: Гыныхугъэгъахэр
ХэкӀыгъуэ: Гыныхухэр
Лъэпкъ: Андэгурэхэр
Лъэпкъыгъуэ: Андэгурэ
Латин цӀэр
Bunias orientalis
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 23067
NCBI 358661

Андэгурэ (лат-бз. Bunias orientalis) — гъитӀкӀэ е нэхъыбэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ.

Сантиметрэ 80-100-м нэсыхукӀэ докӀей, и пкъым и щхьэкӀэм мэкъуауэгъуэм гъэгъа гъуэжьхэр, Ӏэраму зэхэту, къыпедзэ. И лъабжьэ гъумыр куууэ йокӀых. ИщӀагъкӀэ щӀэт тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ, лэдэх яӀэщ, ищхьэкӀэ тетхэр нэхъ цӀыкӀущ. И жылэхэр гъэмахуэкӀэм, бжьыхьэм мэхъу, я теплъэкӀэ хъурей цӀыкӀухэщ, я фэкӀэ гъуабжэщ е фӀыцӀэщ.

КъыздэкӀыр

зэгъэзэхуэжын

Губгъуэхэм, мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, бгыщхьэхэм къыщокӀ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Андэгурэпкъыр, гъэгъахэр къыпимыдзэ щӀыкӀэ, адыгэхэм, абазэхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм яукъэбзурэ яшх, коротин, витамин зэмылӀэужьыгъуэхэр хэлъщ. Адыгэхэм андэгурэпкъыр хущхъуэу, маркуэхэр ирагъэкӀуэду, къагъэщхьэпэ.


Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч 1992 гъ.