Банэжь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Asterales
Лъэпкъ: Asteraceae
Лъэпкъыгъуэ: Банэжьхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Банэжь
Латин цӀэр
Carduus nutans
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 35787
NCBI 92906

Банэжь (лат-бз. Carduus nutans) — илъэситӀкӀэ къэкӀ лӀэужьыгъуэщ.

Carduus nutans

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

И лъэгагъыр м 1-1,5-м нэс удзыжьщ. И пкъыр занщӀэу докӀей, и тхьэмпэхэм лэдэх яӀэщ, лъабжьэ гъум быдэ ещӀ. КъэкӀыгъэм дэнэ дежи банэ папцӀэ пхъашэ куэду тетщ. Япэ илъэсым банэжьым пкъы ищӀыркъым, и лъабжьэр куууэ йокӀых, етӀуанэм — пкъы гъум къыдож. Гъэмахуэкум абы и щхьэкӀэм зыщхьэу зэхэт гъэгъа шакъафэ къыпедзэ. ГъэмахуэкӀэм жылэхэр мэхъу, я теплъэкӀэ дыгъэгъазэ жылэхэм ещхьщ, ауэ куэдкӀэ нэхъ цӀыкӀущ, я фэкӀэ гъуабжэ-фӀыцӀафэщ.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

УщырохьэлӀэ губгъуэхэм, гъуэгу гъунэхэм, хуейхэм, мэз лъапэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын

Бжьэхэм абы хущхъуэшхуэ зыхэлъ фо къыхах.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.