Батыргъэн
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Apiales
Лъэпкъ: Apiaceae
Лъэпкъыгъуэ: Батыргъэн
Латин цӀэр
Heracleum
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 29669
NCBI 40917

Батыргъэн (лат-бз. Heracleum) — лӀэужьыгъуэ зы бжанэу гуэшыжауэ удз лъэпкъыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Ди щӀыпӀэм ущрохьэлӀэ гъитӀкӀэ, нэхъыбэкӀэ къэкӀ батыргъэн лӀэужьыгъуэхэм. Абыхэм я лъэгагъыр см 50-100-200-300.

Псоми я тхьэмпэхэр инщ, япкъхэр кунэщӀщ, мэ къакӀэрех. Гъагъэхэр удз щхьэкӀэм Ӏэрамэ хъуреуэ къапедзэ. Батыргъэным тет цы пхъашэм цӀыху щӀыфэр къыритхъмэ, куэдрэ мыхъуж псыбыб ещӀ.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

Нэхъыбэу къыщокӀ мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, къуэхэм, н. щӀыпӀэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын

Тхьэмпэхэр Ӏэщым яшх, къэкӀыгъэм и гъагъэхэм, жылэм, лъабжьэм эфир, дагъэ щӀэт. Абы къыхэкӀыуи батыргъэнхэм, щхьэр игъэузу, мэ къакӀэрех.

ЛӀэужьыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.