БэрэтӀинагъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Lamiales
Лъэпкъ: Lamiaceae
Лъэпкъыгъуэ: БэрэтӀинхэр
ЛӀэужъыгъуэ: БэрэтӀинагъуэ
Латин цӀэр
Mentha arvensis
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 565302
NCBI 292239

БэрэтӀинагъуэ (лат-бз. Mentha arvensis) — илъэс куэдкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ. БэрэтӀинэ лъэпкъэгъум щыщщ.

И лъэгагъыр см 20-40-м нос, ипкъ гъуэплъыфэ къызыщӀэлъадэхэр занщӀэу докӀей. Тхьэмпэ къыпидзэхэр хуэхъурей щӀыкӀэщ, дзэ цӀыкӀу яӀэщ. Гъэгъа пшэплъыфэ мащӀэхэр и щхьэкӀэм къыпедзэ бадзэуэгъуэм къыщыщӀэдзауэ фокӀадэм нэс. Удзым мэ дахэ къыкӀэрех.

КъэкӀыгъэм лъабжьэ кӀыхьхэр ещӀ.

КъыздэкӀыр

зэгъэзэхуэжын

МэкъупӀэхэм, псыхъуэхэм, щӀыпӀэ псыӀэхэм, къуэхэм къыщыкӀыу ухуэзэ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Адыгэхэр куэд щӀауэ ироӀэзэ. КъэкӀыгъэм хэлъ дагъэр, эфирыр медицинэм, парфумериэм къыщагъэщхьэпэ.


Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.