Гъаф
Гъаф | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Aquila pomarina Brehm, 1831 | ||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||
Удзыфэнэхукlэ-гъэмахуэм бгъуэ здишъыр, шхъуантlэ-шlымахуэм здэкуэчыр, удзыфэкlыф-илъэспсом здэпсоу | ||||||||||||||
|
Гъаф (лат-бз.: Aquila pomarina, ур-бз.: Малый подорлик) — къуэкlыпlэ еуропэм щыпсоу бзу-шъакlуэ инхэм ящыщ.
АплъэпкъырEdit
Ицхэр гъуабджу щыт, шъхьамрэ кlыбымрэ нэхъ кlыф хъууэ. Кlапэмрэ, дамэмрэ ицыхэр гъуабджэ-нэху щытхэ. Идэмашъхьахэм цыхужьхэр хэлъу ирокlуэ.
Кlапэр кlэкlыу щыт, хуэхъуреуэ.
Бзыхэр нэхъ ин хъухэм нэхърэ, яфэмкlэ зэхуэду щытхэ.
Хъухэм яхьэлъагъыр кг. 1,5 — 2,0 мэхъу, бзыхэм кг. 1,7 — 3,0; якlыхьагъыр см. 59—67; хъум идамэм икlыхьагъыр см 45—50 мэхъу; бзым см. 47—53; зэгуэхауэ ябгъуагъыр см. 134—160 мэхъур.
Жыг зэхуакухэм — псынкlыу, джану мэлъатэ; губгъуэм — хому, занкlыу, дамэхэмкlэ ину дэмыуэуэ.
ЗдэпсохэрEdit
Еуропэм икъуэкlыпэ лъэныкъуэмрэ, ипшъэ-къуэкlыпэмрэ (Урысейм къуэхьапlэ лъэныкъуэмрэ, Къаукъазымрэ) губгуэхэм, мэзхэм нэхъ кlасу псыпцlэ мэзхэм ядекlэ щопсоу. Азиэ цlыкlум, Индиэм джоуэ. Шlымахуэкlэ Африкэм ипшъэ, ипшъэ-къуэкlыпэмрэ лъэныкъуэм мэкуэчыр.
ЗэрыпсохэрEdit
Губгъуэхэм, мэз-губгъуэхэм, ипшъэ-къушъхьа лъэныкъуэхэм мы мэзышхуу лъэныкъуэ къыхах, губгъуэхэм нэхъ ягунэгъу.
Бгъуэхэр жыгышъхьахэм трашъыхь, куэдым пкъызэгуэкlыпlэ зэхуакум идежь иэ лъэныкъуэ-къудамэшхуэхэм м. 7-17 лъэгагъу. Езы бгъуэр къудамэ гъумхэмкlэ зэтралъхьа, икlуэцlым пхъафэ, къудамэ псыгъуэ, тхьампэ, удз ираубгъу. Бгъуэм ибгъуагъыр см. 50—110; лъэгагъыр см. 30—80; кlуэцl лъэныкъуэм икууагъыр см. 4-5. Джэдыкlыу ирилъхьар 1-2.