Дежнев (къуапэ)
Дежнев (урбз. Мыс Дежнёва, эск. Тугнехалха) — Чукоткэ ныкъуэтӀыгум и кӀэух къуапэ, абы къыхэкӀыуи Урысейми Еуразиэ псоми и къуэкӀыпӀэ дыдэ пӀэ.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынКъуапэр щхьэхуэу къыгуэгъэщхьэхукӀа бгы массив щхьэзэхуэу щытщ. Абы и лъэгагъыр 740 метрэм нос, хы Ӏуфэм дежи зэуэ нол метрэм нэс йохуэх.
Къуапэр Беринг Ӏузэв Арктикэ хышхуэмрэ Щэху хышхуэмрэ зыпызыщӀэм и Ӏуфэм деж Ӏулъщ. А Ӏузэвыми Еуразиэмрэ Америкэмрэ зэхэгъэкӀа ещӀ. Къуапэ Дежневым щыщӀэдзауэ Америкэм и къуапэ Уелс-Принцым нэс 85 километрэ фӀэкӀ дэлъкъым.
Климатыр — субарктикэу щытщ. Ишхъэрэ полар хъурейр къуапэм зэрыпэгъунэгъум щхьа, щӀыпӀэр щӀыӀэу щытщ илъэс псом. Гъэмахуэм температурэр +8°С нэс докӀуей, щӀымахуэм ар -40°С аткӀэ йохуэхуж.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынЯпэ урыс экспедициэр къуапэм къыщынэсар 1648 гъэращ. А экспедициэм урыс плъыхьакӀуэ Семен Дежнев и щхьэгъэрыту щытащ. Абы къыхэкӀыуи, зэман дэкӀа иуж, Урысейм и къуэкӀыпӀэ дыдэ пӀэр абы и фэеплъу къуапэ Дежнев фӀащауэ щытащ.
Апщыгъуэм а экспедициэм хэкумэтхым епхауэ лэжьыгъэ куэд иригъэкӀуэкӀауэ щытащ. Апхуэдэу а экспедициэм ягъэунэхуауэ щытащщ Беринг Ӏузэвыр, Америкэр зэры щхьэхуэ континентыр ягъэлъэгъуащ, Еуропэм укъикӀыу ишхъэрэ хыхэмкӀэ Хъутейм узэрыкӀуэфынур, икӀи Чукоткэ ныкъуэтӀыгур япэу къыпакӀухьахэт.
Ауэ а экспедициэм теухуауэ а лъэхъэнэм куэд ящӀауэ зэрыщымытам щхьа, абыхэм теухуауэ дахэу зыми ящӀэтыкъым. Абы къыхэкӀыу щӀыпӀэр япэ къиплъыхьауэ ялъытауэ щытащ Даниэм щыщ плъыхьакӀуэ Витус Беринг.
XVIII лъэхъэнэ хъуху, къуапэу зэреджэу щытар Чукоткэ пэ ерэ Ӏэмалыншэ пэт. 1778 гъэм инджылыз хыерс къуапэм щыблэкӀым щыгъуэ, абы фӀищауэ щытащ КъуэкӀыпӀэ къуапэ.
1879 гъэм шуэц полар плъыхьакӀуэ Адолф Эрик Норднешолд япэу Атлантикэм къикӀыу Щэху хышхуэм кӀуауэ щытащ, къуапэм къекӀуэкӀыу. Апщыгъуэм абыи елъытащ къуапэм Дежнев цӀэр фӀащыжым зэры нэхъыфӀыр. 1898 гъэм къуапэм а цӀэр УРысей хэкумэтх зэхуэсым трибыдэжауэ щытащ, а къуапэр зэрызэӀуахырэ илъэс 250 зэрыкӀуам къыхэкӀыу.
Иджы къуапэм деж Дежнев и фэеплъу, монумент ягъувауэ тетщ.
Фаунэ
зэгъэзэхуэжынКъуапэм деж щыщӀыӀэми, а щӀыпӀэм псэущхьэ куэд щопсэу. Хы Ӏуфэм деж хы зэхэлъадэхэм я ӀыгъэкӀэ бдзэжей зэмылӀэужыгъуэ куэд хэсщ, абыхэм нэмыщӀ хы Ӏуфэм деж куэд щорсхэр гъуабжэ джейрхэр, моржхэр, туленхэр. Къуапэ Ӏуфэм деж бзу бэзэр Ӏэджэхэр иӀэщ.
Жылэ
зэгъэзэхуэжынКъуапэм пэгъунэгъуу зы къуажэ закъуэ Уелен фӀэкӀ иӀэкъым. Абы нэмыщӀ къуапэ Ӏуфэм деж хыфӀадзэжа тӀысыпӀэ куэд Ӏутщ джейр-ещэхэм къэгъэунэхъуауэ щытауэ.
1958 гъэм къуапэм деж Ӏус къуажэхэр ӀуагъэтӀысыкӀауэ щытащ, америкэ гъунэгъэм пэгъунэгъуу зэрыщылъхэм щхьа.
Сурэтылъэ
зэгъэзэхуэжын-
Дежнев и фэеплъу яува монумент.
-
Къупщхьэ хужь. Япэм унэу щытахэм къэнэжа
-
Совет лъэхъэнэм яухуауэ щыта унэхэм я руинэ
-
Наукан
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Чукоткэ аутономнэ куейм теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |