Дзыдзэ
Дзыдзэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Дзыдзэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Дзыдзэ
Латин цӀэр
Martes Pinel, 1792
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Дзыдзэ (лат-бз.: Martes, ур-бз.: Куница) — шэрыпӀ шъакӀуэ, дзыдзэ лъэпӀкъым (Mustelidae) ящыщу.

АплъэпӀкъыр

зэгъэзэхуэжын

Я зэфӀэтыкӀэмкӀэ дзыдзэхэр мы ин дыду щытхэ, лъэгу-теуву зокӀуэхэ, лъапэхэм лъэхъуамбэ тхурытху ятет, лъэхъуамбэхэр хыиут щыту, лъэбжъамэ памцӀэ-цӀыкӀу къыдигъэж пыту, инэӀур памцӀу щыт, тхьакӀуэ кӀэкӀыу. ИпӀкъыр псыгъуэ-кӀыхь, цы Ӏув кӀыхьу тету. ИкӀапэр кӀыхь, икӀыфэ ныкъуэм хуэдиз мэхъу ебгъэлъэтэмэ. Дзэхэр памцӀэ, дзэжъу 5/6 жэдэт, икӀэм ититӀхэрр цӀыкӀу щыт. Я цыр гъуэжьфэм къыщыкӀэдзауэ гъуабджэ-къуафӀцӀафэм носыр, здэпсомрэ зыщыщымрэ елъытауэ.

Дзыдзэхэр псэушъхьа шъакӀуэм ящыщ. Нэхъ кӀасу яшхыр зэшъакӀуэхэр: кӀэпхъ, дзыгъуэ, фей, тхьакӀумэкӀыхь, бзу, цӀыв, бжъэжъей, джэдыкӀэ. Ягъуэтмэ пхъышъхьа-мышъхьа, дэ Ӏамэ.

Дзыдзэхэр зэрызу псоу псэушъхьа, щызэпыхьахэр гъатхэм якӀэм гъэмахуэм ипэм. Къилъхур тхуы хуэдиз чыр; къуиху нэфху, гъатхэм ипэм къелъхухэ. МэзитӀ хуэдизкӀэ гъуэм исхэ янэр якӀэлъыплъу, мэзищ-мэзипӀлӀым анэм хут ишъын кӀедзэхэ хом-хомурэ.

ЛъэпӀкъхэр

зэгъэзэхуэжын
  • Martes americana
  • Martes flavigula
  • Martes foina
  • Martes gwatkinsii
  • Martes martes
  • Martes melampus
  • Martes pennanti
  • Martes zibellina