Домбей
Домбей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: БжьэнэкӀхэ
Лъэпкъыгъуэ: Домбейхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Домбей
Латин цӀэр
Bison bonasus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Домбей (ур-бз: Зубр; лат-бз.: Bison bonasus) — ШэрыпӀ классым хэт, бизонхэм ящыщ, бжъэнэкӀы лъэпӀкъым ящыщу, Американ бизоным ехьч Ӏэй, зэхэхьи мэхъу. Абы шъхьакӀэ зэзэмызэкӀэ зыуэ ялъытэхэ.

ӀаплъэпӀкъыр зэгъэзэхуэжын

Домбейр нэхъ ину нэхъ хьалъу щыт Еуропэм ишӀэм ис псоушъхьахэм, икӀы изакъуэ къэнэжьа мыӀарыпӀ былымым ящыщу. ИкӀыхьагъыр 330 см мэхъу, илъэгагъыр метритӀым фӀокӀыр, ихьалъагъыр зытоннэм носыр. Бизонми хуэду, цы гъуабджэ ув тет, шкӀэхэм яр плъыжьыфу щыт. Шъхьао хуэкӀэкӀыу щыт, егъэзыхауэ, "жакӀэ" тету, мыину бжъакъуит иӀа. Домбеймрэ Бизонымрэ Ӏэуэ зэшъхьащыкӀкъым. Домбейм иджабэр нэхъ лъагэ, ибжъакъуэхэмрэ икӀэпэмрэ нэхъкӀыхьхэ. Домбейм ишъхьар Бизоным ем нэхъри нэхъ Ӏэта, гъэ хуабэр къыщихьакӀэ Бизоным икуэпкъхэм цыр йокӀыр, кӀэкӀыу къонэ, Домбейм илъэспсом зэркӀыфу цыр зэхуэдизу тет. ЯинагъкӀэ тӀури зэхуэдиз ауэ Бизоным ипӀкъыр егъэзыха хуэду зэрщытым шъхьакӀэ нэхъ быдафэ тоуэр.

Домбей лъэпӀкъыр тӀуэ ягуэч - беловеж домбейрэ (B. b. bonansus) къаукъаз домбейрэ (B. b. caucasus). Къаукъаз домбейм ицыр нэхъ къуафӀцӀэ икӀи нэхъ бэрину щыт.

Гъашъэр зэрекӀуэкӀыр зэгъэзэхуэжын

  • КӀыфэм икӀыхьагъыр - м. 3
  • Илъэгагъыр - м. 2
  • Ихьэлъагъыр - 1 тоннэ
  • Зэрыпсор - 23-25 илъэскӀэ
  • Зэрыпсэфыр - мэзибгъу
  • ӀаплъэпӀкъыр щызэфӀэувэр - 1,5 - 2 илъэсым
  • Нэхъиндыдэ щыхъур - 5-6 илъэсым дежь
  • Гур 1/3 джэмым нэхъри нэхъ ин
  • Япэ щылъхуэр - илъэс 4 идежь
  • ШкӀэр мазитхум хуэдиз ягъашхэ
  • ШкӀэр къыщалъхум ихьалъагъыр - 19-25 кг.
  • 1,5сэхьат текӀауэ къалъхуа нэуж, шкӀэр лъэм тоувэ
  • ШкӀэм удз ишхын щыкӀидзэр махуэ 19-22-хэм

Здэпсохэр зэгъэзэхуэжын

Япэдыду Домбейхэр здэпсоуар Переней хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ Сыбырым икъуэхьапӀэм нэгъунэ, абы Инджылызымрэ Скэндинавиэм я ипшъэ лъэныкъуэр хэту, а хэкушхуэм мэз закъуэкъым здыкӀэсахэр, губгъуэми итахэ. ЦӀыхум зэпимыуду зэрешъакӀуэм шъхьакӀэ Домбейр мэздэгу къуэдехэм къыкӀыкӀэнар. Лэхьыйм иде зы къэнэжьар 1921 гъэм брэкониерхэм яукӀа, Къаукъазым щы къэнэжьар 1926 гъэм яукӀа, Ӏуашъхьа Алоус идежь. Идыпсу щыӀа Домбейхэр, зоопаркхэм къырагъэкӀауэ, специал программэмкӀэ, зэфӀагъэувэжьыным шъхьакӀэ. Заповедникхэм: Лэхьыйм, Урысыхум, Литуэм, Молдавиэм, Укрэинэм, Къаукъазым джоуэ.

Шэныр зэгъэзэхуэжын

Домбейхэр гупурэ мэпсоухэ щым къыщыкӀэдзауэ тӀокӀым нэгъунэ, джэмрэ шкӀэрэ зэхэту. Гупым янэхъыжъыр джэм сытчыгъуи. Гухэм язакъу мэпсоухэ, илъэсым зэ нэхъ джэмхэм гупым яхэмыхьу. Джэмым яхэхьан щыхуэжьэр дунем елъыта: хуабэм, шӀыӀам, къэру яхуримыкъумэ. Абы шъхьакӀэ Домбей зэповедник-зэказникхэм яӀыгъхэр ( фӀыуэ здагъашхэм ) гур щыхуэм иде джэмхэм яхэхьафыну, дунер фӀымэ. Хуиту псо Домбейхэр шыщхьэӀу – фокӀадэм яхохьа джэмхэм. Гухэр зэпеуэн кӀадзэмэ хьалъу зауӀажьинкӀи мэхъур. ШӀымахуэм гуп зтӀущыр зэхыхьауи мэхъу зыгупышху, гу зтӀущи яхэту. Джэмыр мэзибгъукӀэ псэф. Накъыгъэмрэ мэкъуауэгъуэмрэ язэхуакум малъхуэхэ.