КъэбцӀацӀэ
КъэбцӀацӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: КъэбцӀацӀэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: КъэбцӀацӀэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: КъэбцӀацӀэ
Латин цӀэр
Sitta europaea
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 563018
NCBI 50251

КъэбцӀацӀэ (лат-бз. Sitta europaea) — къэбцӀацӀэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Sitta europaea

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТхыцӀэр яжьэщхъуафэщ, ныбэ щӀагъыр тэхущ, гъуафэ къыщӀэуэу. Джабэхэмрэ кӀэ щӀагъымрэ гъуабжэщ. Щхьэбгъум, нащхьэм, натӀэм хужь кусэ цӀыкӀухэр ирокӀуэ. Пэм къыщыщӀэдзауэ нэхэри къаубыду щхьэбгъухэмкӀэ кусэ фӀыцӀэ ирокӀуэкӀ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

ЛӀэужьыгъуэ бэгъуащ, Къаукъазым щыкуэдщ, лъэтэжкъым. Щогъуалъхьэ къущхьэ мэзхэм, жыг хадэжьхэм, паркхэм. Тафэ мэзхэм щыплъагъунур бжьыхьэмрэ щӀымахуэмрэщ. Нэхъыбэм щогъуалъхьэ жыгыуӀухэм я абгъуэ ябгынэжахэм. Гъэм тӀо къыреш шыр блырыбл-ирийуэ. Анэми хъуми зэдапӀ быныр.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр гъудэбадзэ, хьэпщхупщ, мэракӀуэхэкӀ, шыкӀуртӀым, мышхумпӀэ, пщӀий.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.