Мариатэ (исп-бз. Punta Mariato) — Панамэм и ипшэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ къуапэ. Ишхъэрэ Америкэм и ипшэ дыдэ кӀэух къуапэ.

Здэгъэзар щӀыпӀэтхыпӀэмкӀэ
НыкъуэтӀыгу Асуерэ и ипшэ дыдэм пӀэм деж телъ къуапэр

Мариатэ Панамэм ит провинциэ Верагуас и ипшэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ. Къуапэр ныкъуэтӀыгу Асуерэ и ипшэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэм деж щылъщ, Щэху хышхуэм и Ӏуфэр илъэсу. Къуапэм щыщӀэдзауэ Панамэ къалэ нэс километрэу 350 дэлъщ.

Къуапэм цӀыху зыри щыпсэукъым. Ар мангрэ мэзкӀэрэ тропикэ мэзкӀэрэ зэщӀэщтауэ щытщ, Национал парк Серро Хойя и щӀыпӀэр зэрыщыту хохьэр. ЩӀыпӀэм уихьэну Ӏейуэ гугъщ, гъуэгу тӀэкӀу фӀэкӀа а лъэныкъуэмкӀэ зэрыщымыӀэм щхьа. Къуапэм и хъуреягъ щыӀэ псылъэр серфингистхэмрэ бдзэжеящэхэмрэ я деж зехьэзехуэщ.

Национал парк Серро Хойя яухуащ 1984 гъэм, а щӀыпӀэм джунглэ куэд къызэрынам къыхэкӀыу икӀи а щӀыпӀэм кӀуэд псэущхьэ куэд зэрыпсэум щхьа.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын


Кординатхэр: 7°12′32″ с. ш. 80°53′10″ з. д. / 7.208889° с. ш. 80.886111° з. д. (G)