Мэзджэд
Мэзджэд | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Phasianus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||
|
Мэзджэд (лат-бз.: Phasianus colchicus, ур-бз.: Кавказский фазан) — бзу Phasianinae лъэпӀкъым ящыщу. Азиэм къыкӀауэ.
Ӏарысэ бзухэм ящыщ.
Сурэтыр
зэгъэзэхуэжынКӀыфэм икӀыхьагъыр см 85 нос, хьалъагъыр кг 1,7-2,0, адакъэхэр анэкӀэхэм нэхъри нэхъ инхэ. Адрей фэзанхэм ялъытамэ мэз джэдым инэ хъуреягъым щымыхъукӀэ ишъхьа псом цы тет. ИкӀапэр кӀыхьу щыт, цы 18 хэту, икӀэм памцӀэ хъуху. Дамэхэр хуэхъуреуэ, мы памцӀу щытхэ. Адакъэхэр нэхъ къуэлэну щыт я цыр.
Адакъэхэм я сурэтыр Ӏэуэ зэшъхьащокӀыр. Ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ псохэм яшъхьамрэ пшъэмрэ дышъэфэ-удзыфафу щыт икӀагъымкӀэ фӀыцӀафэ-шхъуэнтӀафэ хъууэ. КӀыбым тет цыхэр дышъэфэ-плъыжьыфу щытхэ я унэр фӀыцӀу. КӀапэм тет цыхэр гъуэжьфэ-гъуэбджафэхэ, я гъунэхэр шхъуэнтӀафу щыту. Инэхъуреягъым фэ къуи къыкӀэщыр плъыжьу щыт. АнэкӀэхэр псыфэ-гъуэбджафу щытхэ, иэ псыфэ-пшахъуафу, фӀыцӀу уэгу хэлъу.
Зэрыпсохэр
зэгъэзэхуэжынМэз джэдхэр инэхъыбэм мэзхэм щопсоу. Абы пэмыкӀыу - псыхъуэм пабжъэ ирикӀуэхэм, псыхъурейхэм я гъунэм Ӏут пабжъэхэм, мэзхэм икъуацэхэм идежь губгъуэ цӀыкӀухэм нахъ игъунэгъу иэ губгъуэ гъунэхэм ирикӀуэ мэз псыгъуэхэм. Къыщыщтэм иде жыгым щыдэлъэтер макӀэ, нэхъыбэм удзым иэ пабжъэм зыхегъапшкӀуэ.
ИӀусым инэхъыбэр джылэ, мэракӀуэ, пхъышъхьа-мышъхьа цӀыкӀу. Абы пэмыкӀыу цӀыв, бадзэ, хьапӀацӀэ, хьамблу Ӏамэ.
Зэрзэпылъхэр
зэгъэзэхуэжынГъэшъэгъуэныр: хуиту щыпсохэм адакъэмрэ анэкӀэмрэ зэпыкӀхэкъым, Ӏарысэхэм, унагъуэм яӀыгъхэр хуиту щытхэ, запыкӀыу пэмыкӀхэм япохьахэ.
Я гъуэхэр шӀым щашъыр. ТетӀысхьану бгъуэм джэдыкӀыу ирилъхьар ( гъатхэм ипэм ) 8 къыщыкӀэдзауэ 20 нэсыфыну, езы джэдыкӀэхэм яфэр гъуабджу щыт. Тесри зыпӀри анэшӀэ закъуэра, зэртерыс мазэ хуэдиз.