Нартыху
Нартыху | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Zea mays L. | ||||||||||||
|
Нартыху (лат-бз.: Zea mays, ур-бз.: Кукуруза) — лъэпкъ нартыхухэм (латиныбзэ лат-бз. Zea) ящыщ закъуэ Ӏэрысу. Нартыху Ӏэрысэм нэмыщӀ иджыри хэтхэр (Zea) лъэпкъым - Z. diploperennis, Z. perennis, Z. luxurians, Z. nicaraguensis.
Морфологие
зэгъэзэхуэжынНартыхур - лъагэ, зы илъэскӀэ псо удз-къэкӀыгъэ, и лъагагъкӀэ метрищым нэсу (зэзэмызэ м 6 иӀэ нэхъыбэм фӀокӀыр), лъабжьэ фӀы иӀэу. Ипкъыр занщӀэу щыт, и бгъуагъыр см. 7 нос, и кӀуэцӀыр мы нэкӀыу.
Тхьэмпэхэр ин, я бгъуагъымкӀэ см. 10 носхэ, я кӀыхьагъымкӀэ метрым, я лъапэмкӀэ пкъым и хъуреягъыр иубыду.
КъыздикӀар
зэгъэзэхуэжынХристофор Колумб Америкэр къыгъуэта нэужь Европэм дыщэм игъусэу тутыныр, нартыхур, кӀэртофыр еджэу къыносыр. 1500 гъэм Исбухьэным икуей Кастилием и губгъуэхэм нартыхур ягъэкӀыу щӀадзэ.
Езы европей лъэпкъхэр зэреджэ псалъэ maiz - къыздэкӀыр таино лъэпкъым ябзэм "mahiz", Антил хы тӀыгухэм щыпсэуауэ, европейхэр дэмыхьа щӀыкӀэ.