Уэрэдбзу
Уэрэдбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бзугъуабжэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Уэрэдбзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Уэрэдбзу
Латин цӀэр
Luscinia luscinia
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560896
NCBI 391696

Уэрэдбзу (лат-бз. Luscinia luscinia) — бзугъуабжэ лъэпкъщ.

Luscinia luscinia

Унэбзум нэхърэ мащӀэу нэхъ инщ. ТеплъэкӀэ къызэрыкӀуэ дыдэщ. ТхыцӀэр гъуэ-гъуэбжафэщ, кӀэр нэхъ гъуафэщ. Ныбэ щӀагъыр хужьщ, джабэхэр гъуабжэ-щхъуафэщ; хулъащхьэм щхъуэ-гъуэжьыфэ ӀэпапӀэ хэлъщ.

Щыгъуэлъхьэну фӀыуэ ялъагъу мэз лъапэ чыцэ Ӏув зыщӀэт жыг хадэшхуэхэм. Уэрэд жыӀан яублэ жыгхэм тхьэмпэ къапидза нэуж. Я макъамэ гуапэхэр, зэм нэщхъыфӀэр зэми нэщхъеягъуэ къызыщӀэувэр жэщи махуи зэхыбох. Щыщагъэтыр бын пӀын яублэмэщ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Щопсэу КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, КъухьэпӀэ Сыбырым ику, ипщэ лъэныкъуэхэм. ЩӀымахуэр здагъакӀуэр КъухьэпӀэ Африкэм и ипщэ тропик Ӏыхьэращ. Абгъуэр — щӀыгум, жыг, чыцэ лъабжьэхэм я зэхуакум, е щӀыгум пэмыжыжьэу къудамэ Ӏувхэм. Абгъуауэ хъуа шырхэр удз щӀагъым ӀэкӀуэлъакӀуэу щӀож. Быным зэгъусэу Ӏэпхъуэн еублэ псыхъуэхэмкӀэ, мэз лъапэ нэхухэмкӀэ. Ищхъэрэ Къаукъазым щогъуалъхьэхэр, мэлъэтэж фокӀадэм.

Ӏусыр — хъумпӀэцӀэджхэр, цӀывхэр, щыгъыныхь, бадзэхэр, бэджхэр, мэракӀуэ жылэхэр.

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.