Уэсхьэгуагуэ
Уэсхьэгуагуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бзухьэгуагуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Уэсхьэгуагуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Уэсхьэгуагуэ
Латин цӀэр
Eremophila alpestris
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554256
NCBI 135430

Уэсхьэгуагуэ (лат-бз. Eremophila alpestris) — бзухьэгуагуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Eremophila alpestris flava

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Адрей и лъэпкъэгъухэм яхуэмыдэу бжьакъуэ цӀыкӀухэм ещхьу, и щхьэщыгубгъухэм цы пхьашэ кӀыхьхэр тетщ. ЩхьэщӀыбыр, пщэ щӀыбыр плъыфэ-щхъуэщ; тхыцӀэр — пщахъуэ-гъуабжафэщ; жьэгъур — хужьщ, е гъуэжь-фагъуэщ; ныбэ щӀагъыр хужьщ; джабэхэм щхъуэ-хужьыфэ, е гъуабжафэ къащӀоуэ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щогъуалъхьэ — къущхьэхъупӀэ лъагэхэм, бгылъэ псыхъуэхэм, шыгъу, мывэ кӀэщхъ къызэбэкӀ губгъуэ тафэхэм, тундрэм. Абгъуэр — кумб-лъэмбхэм, кхъандзэгъухэм, мывэхэм, ягъэпщкӀу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусым хохьэ нэщӀэпкӀэхэр, гъудэбадзэхэр, абыхэм я хупс, псыӀуфэ хьэпщхупщхэр, бжьыхьэм — удз жылэ.

Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.