Хыкхъуэ
Хыкхъуэ (Псэушъхьа)
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
ХэкӀ: ЧэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: Джейпсэушъхьэхэр
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: Дзасэджейхэр
Лъэпкъ: Хыкхъуэхэр
Лъэпкъыгъуэ: Хыкхъуэ
Латин цӀэр
Delphinus delphis
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 180438
NCBI 9728

Хыкхъуэ (лат-бз.: Delphinus delphis, ур-бз: Дельфин-белобочка) — шэрыпӀ, хы псоушъхьахэм ящыщ.

АплъэпӀкъыр зэгъэзэхуэжын

Хыкхъуэм икӀыбыр фӀыцӀу иэ гъуабджу щыт, иныбэр - хужьыфу. Ибгъу лъэныкъуэхэм гъуэжьыхум къыщыкӀэдзауэ псыфэ хъууэ тет ирикӀуу. Я фэр здэпсо шӀыпӀэхэм елъытауэ зэшъхьащыкӀыфыну. Я фэр зэр зэшъхьащыкӀым шъхьакӀэ, хыкхъуэхэр нэхъ къуэлэнхэм ящыщ я фэмкӀэ, адрей шэрыпӀ хы псоушъхьахэм ялъытамэ.

Я кӀыхьагъыр м. 2, 4 носыр, я хьалъагъыр кг. 60 къыщыкӀэдзауэ 75 носыр.

Здэпсохэр зэгъэзэхуэжын

Хыкхъуэр дуней океаным тэнкӀи щопсоу, ауэ инэхъыбэм тропикхэмрэ, абыхэм нэхъ я гъунэгъу лъэныкъуэхэмрэ. Лъэныкъуэ здыхэсхэр я нэхъыбэм джыжьу зэбгырыдзауэ, зэрмыпхауэ щытхэ. Я нэхъиныр Хы Курытымрэ, Хы ФӀыцӀэмрэ, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ Атлантик океаным, абы пэмыкӀыу иджыри къуэкӀыпӀэ лэныкъуэм Шъэху океаным.

Шэныр зэгъэзэхуэжын

Хыкъуу хъуам хуэд ишхыр бжьэжъей. Нэхъ псынкӀыу ерсхэм ящыщ, кхъухьхэр щыкӀуэкӀэ ягъунэм щыджэгу. Адрейхэми хуэду гупу зэхэтхэ, я хабзэкӀэ зэрыӀыгъу, гупхэр миным нэсыфыну. Гъэмахуэм зэхокӀхэри гуп цӀыкӀу-цӀыкӀу зэбгырокӀ, здызэхэтхэм зэдоӀапыкъу, шъхьщожхэ. Зэр кӀэлъыплъахэмкӀэ зы хыкхъуэр уӀагъэ хъуамэ адрей игупым хэтхэр дэӀапыкъурэ псым къыдрахьейт, жьы ишэн шъхьакӀэ.

Хыкхъуэм икъэхъукӀэр сэхьатытӀым нэсыфыну. КӀапэр япэ иту къохъухэ, имытхьалэн шъхьакӀэ. Къэхъуа яужкӀэ анэм дрехьейр, чырым япереуэ жь ишэфын шъхьакӀэ. АнэкӀэр щылъхуэм идежь адей гупыи хэт хыкхъуэхэр мэхъумэ, къытемыуэн шъхьакӀэ шъакӀуэ псэушъхьа нэхъ ин гуэрэ. Чырыр илъэсищ хуэдизкӀэ анэм дэкӀыгъу, зы илъэсыр быдзышэм кӀэсу.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын