ХьэпцӀий
ХьэпцӀий | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ХьэпцӀий щхьэмыжхэр | ||||||||||||||
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Secale cereale Linnaeus | ||||||||||||||
|
ХьэпцӀи́й (лат-бз. Secale cereale) — хьэцэпэцэ къэкӀыгъэщ, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыхум къагъэкӀ.
ЗанщӀэу дэкӀей и пкъхэм м. 1,5-2 я кӀыхьагъщ. И бзийхэм см. 25-рэ я кӀыхьагъщ, см. 1-1,5-рэ я бгъуагъщ. Щхьэмыжхэр, хьэцыпэ кӀыхь зиӀэхэр мэкъуауэгъуэ-бадзэуэгъуэм къыдедз, шыщхьэӀум и пэхэм хагъуэ къыдедз. ХьэпцӀийр къыщагъэкӀ нэхъ щӀыпӀэ щӀыӀэтыӀэхэм.
ЩӀэныгъэлӀхэм къызэралъытэмкӀэ хьэпцӀийм и къэхъупӀэ-къежьапӀэхэм ящыщщ Ищхъэрэ Къаукъазри. ЦӀыхухэм хьэпцӀийр къагъэкӀыу щыкӀадзар илъэс мин 3-4-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ.
ХьэпцӀийр къытрагъэхъукӀащ хьэм, гуэдзым щыгъуу, зэран хъууэ, езыр-езыру къэкӀ (лат-бз. segetale zhuk) хьэпцӀий лӀэужьыгъуэм.
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэкӀ. ХьэпцӀий хьэжыгъэр щӀакхъуэу ягъажьэ, нэгъуэщӀ шхыныгъуэхэри къыхащӀыкӀ
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
зэгъэзэхуэжын- ХьэпцӀы́й — кӀахэм зэреджэр.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
зэгъэзэхуэжын- Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.