Челускин (къуапэ)
Челускин (урбз. Мыс Челюскина) — Таймыр ныкъуэтӀыгум и кӀэух къуапэ, Еуразиэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэ.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынЯпэу къуапэм тепсэлъыхьыу къазытхар етӀуанэ Камчаткэ экспедициэм хэта С. И. Челускинщ, 1742 гъэм щыгъуэ. А тепсэлъыхьыгъуэр къыщыхэгъщащ абы иужкӀэ итхыжа тхыгъэм. 1842 гъэм щыгъуэ а Ӏухыгъуэр илъэс 100 щрикъум, Урысей хэкумэтх зэхуэсым къуапэм и цӀэ КъуэкӀыпӀэ-Ишхъэрэр ЧелускинкӀэ яхъуэжащ.
1932 гъэм, Арктикэ институтым хэту къуапэм деж полар станциэ тращӀыхьащ.
Иджырей зэманым а станциэм и ныкъуэ Ӏыхьэр иджыри мэлажьэр, абы иджыри ишхъэрэ щӀыпӀэхэр зэзыгъэцӀыху персоналыр щолажьэр.
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынКъуапэр Таймыр ныкъуэтӀыгум и ишхъэрэ дыдэ пӀэм деж щылъщ. Абы и Ӏуфэр елъэс Вилицки Ӏузэвым. Къуапэм деж псы Ӏулъым и кууагъыр 10 метрэм нос. Ӏуфэр джабэ гуэхупӀу щытщ. КъухьээпӀэмкӀэ къуапэм къыбгъуэдохьэр хылъэ Спартак.
Къуапэм деж щыӀэ климатыр — арктикэу щытщ. Абы къыхэкӀыуи Ӏейуэ щӀыӀэу гъэмахуэм щытщ. Апхуэдэу гъэмахуэм и нэхъ хуабэ махуэхэм температурэр -0.1° е -0.9°C нэхъыщхьэ дэкӀуейкъым. ЩӀымахуэм температурэр -40°...-50°С нэс йох. Уэсыншэ зэман къуапэм щыӀыхэкъым. Дэтхэнэ махуэми, ар гъэмахуэ махуэ хъуами, уэс къесыну щытщ. ЩӀымахуэр кӀыхьрэ лъэрызехьэщ, ар мазэ 11-м нэс йокӀуэкӀ.
ФщӀэрэ фэ?
зэгъэзэхуэжынКъуапэм пэмыжыжу, континентал Еуразиэм и нэхъ ишхъэрэ дыдэ аэродромыр щылъщ.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Магидович В. И., Магидович И. П. Очерки по истории географических открытий. Т. 3 М., 1984 гъэ. 122-нэ напэ (урыс.)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Красноярск щӀыгум теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |