Щачэ лъэпкъ — 1864 гъэм нэгъунэ иджырей Щачэ-къалэм идей щыпсоуахэ; псыхъуэхэм: Щачэпсы, Псыхэ, Бзыгу, МафӀэпсым. Лъэпкъ хэсахэр: убыххэр, шапсыгъхэр, абазэхэр, апхъазхэр. Ӏаташъхьу яшъхьащыттэр пщы-лъэпкъ Аублэхэ.

Хьэблэ нэхъ ину зи хъыбар къынэсахэр ди зэманым Аублэ-хьэблэ иджырей Щачэ къалэм и Заречнэ куеймрэ Завокзалнэ куеймрэ я зэхуакум дэта Щачэ и псыхъуэм. Абым 5-6 км пэщылъу пэмыкӀ хьэблэшхуэ а лъэпкъми еуэ хэлът и цӀэтэр Аршъна-Ахъуа. Джылэр псори зэхэту мин 10 хуэдизу къылъыта Ф. Торнаум адыгэхэм я щыхэтатэм.

Лъэпкъ гъунэгъухэр

зэгъэзэхуэжын

Къабгъэдэсу щытахэр шапсыгъхэр, абазэхэр къушъхьэ-убыххэр. Къушъхьэ-убыххэмрэ щачэхэмрэ къыбархэм къызэрикӀымкӀэ зэбийхэу щытахэ.

Зы кэӀуэтэгъуэм къиӀохумкӀэ XIX лъэхъэнэм ипэм нэс къушъхьэ-убыххэм я къуаджэ МутӀыхъуасуар шъачэхэм яуэ щыта, ауэ яужым Бэрзэджхэм яубыда хъуа 1803—1805 гъэхэм.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot